Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 16:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Хьисэ и гъусэу щытауэ, иджы щыгъуэрэ гъыуэ къызэхэнахэм я деж кӀуэри, къэхъуар Мэрием яхуиӀуэтащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 16:10
8 Iomraidhean Croise  

Ар щызэхихым, игу ныкъуэу, щӀалэр ӀукӀыжащ, мылъкушхуэ иӀэти.


ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и нэщэнэ уафэм къыщылъэгъуэнущ икӀи дунейм тет лъэпкъ псори гъыурэ я бгъэм еуэжынущ абы щыгъуэ. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр, пшэхэм хэтрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ щӀыхьышхуэрэ иӀэу, къакӀуэу цӀыхухэм ялъагъунущ.


– Щауэр я гъусэхукӀэ, абы и гъусэхэм щыгъуэн ялъэкӀыну? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм. – Ауэ щауэр абыхэм пэӀэщӀэ щащӀыну махуэхэр къэунэхунущ, абы щыгъуэ нэщӀ исынущ ахэр.


Абы ирихьэлӀэу адакъэ етӀуанэу Ӏуащ. Хьисэ къыжриӀауэ щыта псалъэхэр Петр игу къэкӀыжащ абдежым: «Адакъэ тӀэу мыӀуэ щӀыкӀэ, сэ сыкъыумыцӀыхуу щэнейрэ жыпӀэнущ». Ар игу къыщыкӀыжым, Петр къэгъащ.


– Гъуэгум фытету сыт фызытепсэлъыхьыр? ФыщӀэнэщхъейри сыт? – яжриӀащ Хьисэ.


Мы Ӏуэхухэр сэ зэрывжесӀам щхьэкӀэ, гукъеяуэшхуэ фиӀэ хъуащ.


Ар къыщыжриӀэм, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм я деж кӀуэри, Зиусхьэныр зэрилъэгъуари а псалъэхэр къызэрыжриӀари яхуиӀуэтэжащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan