Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 16:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 Щэбэтыр блэкӀауэ, Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Екъуб и анэ Мэрием сымэ мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэхэр къащэхуащ, кхъэлэгъунэм кӀуэуэ, Хьисэ и хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 16:1
19 Iomraidhean Croise  

ИтӀанэ унафэ яхуищӀащ Исуф езым и лӀыщӀэхэм – Ӏэзэхэм, и адэм балзам щахуэну; Ӏэзэхэми щахуащ Израил балзам.


Уэшын уз зэфыкӀ Симон и унэм щӀэсу, и Ӏэнэм пэрысу, Хьисэ Вифание жылэм щышхэрт. Здэшхэм, цӀыхубз гуэр унэм къыщӀыхьащ. Алавастэр зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ, абы зы барщыбэ иӀыгът. НардкӀэ зэджэ къэкӀыгъэм и дагъэ къабзэу икӀи лъапӀэу мэ ӀэфӀ къызыпихыр итт а барщыбэм. ЦӀыхубзым барщыбэр икъутэри, Хьисэ и щхьэм дагъэ трикӀащ.


Мы цӀыхубзым лъэкӀыр ищӀащ. Абы си пкъым дагъэ къыщихуэри, сызэрыщӀалъхьэжынум сыхуигъэхьэзыращ.


Абдеж, жыжьэу къаплъэу, цӀыхубзхэри щытт. Абыхэм яхэтт мыхэр: Магдалэ жылэм щыщ Мэрием, Саломие, Мэрием зи цӀэ нэгъуэщӀ зыи. Ар Екъуб нэхъыщӀэмрэ абы и къуэш Иосийрэ я анэт.


Щэбэтым и пэ къихуэ мэрем махуэт. Пщыхьэщхьэпэ хъуати,


Магдалэ жылэм щыщ Мэриемрэ Иосий и анэ Мэриемрэ Исуф хьэдэр зыщӀилъхьар ялъэгъуащ.


Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм жьы дыдэу, дыгъэр къыщӀэкӀа къудейуэ, кхъэлэгъунэмкӀэ яунэтӀащ.


ЦӀыхубзхэм я гур апхуэдизкӀэ хэщӀати, кхъэлэгъунэм кӀэзызу къыщӀэкӀыжри, ежэжьащ. Зыми зыри жраӀакъым, хуабжьу шынати.


А махуэр мэрем махуэт, щэбэт махуэри къэблэгъащ.


ИтӀанэ унэм кӀуэжри, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэхэмрэ дагъэ лъапӀэхэмрэ ягъэхьэзыращ хьэдэм щахуэну. Хабзэм тету, щэбэт махуэм загъэпсэхужащ абыхэм.


Тхьэмахуэ зэхуакум и япэ махуэм нэху щыщым, цӀыхубзхэм хьэдэм щахуэн щхьэкӀэ, мэ ӀэфӀ къызыпих дагъэ лъапӀэу ягъэхьэзырар здахьри, кхъэлэгъунэм кӀуащ, нэгъуэщӀ гуэрхэри я гъусэу.


Хьисэ и анэри, и анэм и шыпхъури, Клеопэ зи цӀэм и щхьэгъусэ Мэриемри, Магдалэ жылэм щыщ Мэриеми Хьисэ и жорым бгъэдэтт.


Мэрем махуэт. КъыкӀэлъыкӀуэ щэбэтыр махуэшхуэт. Хьэдэхэр щэбэт махуэм жорхэм памыгъэлъын щхьэкӀэ, журтхэр Пилат елъэӀуащ: – Жорхэм ираӀулӀахэм я лъэдийхэр зэпаудурэ, хьэдэхэр жорхэм къыфӀахыжыну унафэ щӀы.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan