16 ЗауэлӀхэм Хьисэ преториекӀэ зэджэ унэшхуэм щӀашащ, адрей зауэлӀ гупышхуэри абы щызэхуашэсащ.
Дин пашэшхуэхэр,* торэт егъэджакӀуэ пашэхэр, цӀыхухэм я нэхъыжьхэр абы щыгъуэ къыщызэхуэсащ Кайафэ дин пашэшхуэм и унэшхуэм.
Абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхь щатӀагъэщ, пыжь банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж хуащӀри, Хьисэ щхьэратӀэгъащ.
Кайафэ и унэм щӀашри, Хьисэ рим Ӏэтащхьэм и унэшхуэу преторие зи цӀэм яшащ. Нэху щат. Журтхэр преторием щӀыхьакъым, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр яшхынути, зауфӀейну хуейтэкъым.
Пилат преторием щӀыхьэжщ, Хьисэ къригъашэри еупщӀащ: – Журтхэм урапащтыхь?
ЗауэлӀхэм банэм къыхэщӀыкӀауэ пащтыхь таж яблэри, Хьисэ и щхьэм фӀалъхьащ. Абэ плъыжь-фӀыцӀафэ кӀыхь щатӀэгъащ.
Преторием щӀыхьэжри, Хьисэ жриӀащ: – Уэ дэнэ ущыщ? Хьисэ жэуап иритыжакъым.
Корнелий зи цӀэ лӀы гуэр дэсащ Кесарие къалэм. Ар Италие къэралым щыщ дзэм хэту, зауэлӀищэ хъу гупым я пашэхэм ящыщащ.