12 – АтӀэ, журтхэм я пащтыхь жыхуэфӀэм сыт есщӀэнур? – аргуэру еупщӀащ Пилат цӀыхухэм.
«Сион къалэу пхъум хуэдэм жефӀэ: Мис, гущабагъэ иӀэу, шыдым тесу уи пащтыхьыр къыпхуокӀуэ; ар зытесыр шыдыбзым и шыд шыщӀэрщ».
Пилат Вараввэ кърагъэутӀыпщыжын щхьэкӀэ, дин пашэшхуэхэм цӀыхухэр къызэщӀагъэплъащ.
– Жорым еӀулӀ! – къэгуоуащ ахэр.
Хьисэ ягъэкъуаншэу щӀадзэри, мыпхуэдэу жаӀащ: – Мы лӀым ди лъэпкъыр зэӀищӀэу, кесарым хьэкътын ахъшэр ярыримыгъэту, езым Мэссихь пащтыхь зыхужиӀэжу дубыдащ.
Израил цӀыхухэм ятелъ гуэныхьхэмкӀэ щӀригъэгъуэжу, ахэр къахуигъэгъун щхьэкӀэ, Тхьэм Хьисэ Зиусхьэну икӀи КъегъэлакӀуэу уафэм дришеижри, езым и ижьырабгъумкӀэ зыбгъэдигъэтӀысхьащ.