5 А дагъэр ящатэмэ, динар щищ нэхърэ нэхъыбэ къыщӀэкӀынут, тхьэмыщкӀэхэми хуагуэш хъунут. Апхуэдэу жаӀэурэ, а цӀыхубзым щыхьащ.
Абы жиӀати, жьышхуэр къилъащ, абы и толъкъунхэм лъагэу заӀэтащ.
– А унэӀутыр щӀэкӀыжри, адрей унэӀутхэм ящыщу езым и динарищэ* щӀыхуэу зытелъым щыхуэзэм, «Си щӀыхуэр къызэтыж» жиӀэщ, къиубыдри итхьэлэу хуежьащ.
Ахъшэр Ӏахри, жызум хадэр зейм едауэу щӀадзащ.
Ар лъапӀэу ящатэмэ, ахъшэр тхьэмыщкӀэхэм хуагуэш хъунут.
Ар щалъагъум, зыкъомым губжьауэ жаӀащ: – Мы дагъэ лъапӀэр пщӀэншэу щӀигъэкӀуэдар сыт?
И ужь фикӀ! – жиӀащ Хьисэ. – Сыт ар щӀэвгъэукӀытэр? Сэр щхьэкӀэ псапэ ищӀащ абы.
Ауэ фарисейхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ я мыгуапэу жаӀащ: – Мы лӀым гуэныхь зыщӀэхэр зригъэгъусэщ икӀи абыхэм ядошхэ.
Иудэ абыхэм я ахъшащхьэр зэриӀыгъым щхьэкӀэ, е «ӀутӀыж махуэшхуэм щхьэкӀэ дызыхуэныкъуэр къэщэху», е «ТхьэмыщкӀэхэм зыгуэр ет» жиӀэу, Хьисэ абы жриӀауэ я гугъащ языныкъуэхэм.
– ЖысӀэр фигу щӀримыхьыр сыт? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.
– Дэтхэнэми щӀакхъуэ бзыгъэ лъысу къэпщэхун щхьэкӀэ, динар щитӀри мащӀэщ, – жэуап иритыжащ абы Филипп.
Фымытхьэусыхэ, абыхэм ящыщ зыкъомым зэращӀу щытам хуэдэу. Ахэр ажал къэзыхь мелыӀычым игъэкӀуэдащ.
ДыгъуакӀуэр иремыдыгъуэж, ар ирелажьи, и ӀэхэмкӀэ фӀы ирырелэжь, щыщӀагъэ зиӀэхэм ядигуэшын иӀэн щхьэкӀэ.
Сыт фщӀэми, фымытхьэусыхэу икӀи фи гум шэч къивмыгъэхьэу, фщӀэ,
Ахэр зыкӀи мыарэзыуэ, тхьэусыхэ зэпытщ. Я хъуэпсэныгъэ Ӏейхэм кърашэкӀыу мэпсэухэр. Я жьэм псалъэ дыгъэлхэм нэмыщӀ, къажьэдэкӀыркъым. ЦӀыхухэм я фӀагъ зрагъэкӀын щхьэкӀэ, абыхэм ящотхъу.