Марк 14:2 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр2 Абыхэм жаӀащ: – ЦӀыхухэм зыкъамыӀэтын щхьэкӀэ, ар махуэшхуэм трыремыхуэ. Faic an caibideil |
Уэшын уз зэфыкӀ Симон и унэм щӀэсу, и Ӏэнэм пэрысу, Хьисэ Вифание жылэм щышхэрт. Здэшхэм, цӀыхубз гуэр унэм къыщӀыхьащ. Алавастэр зи цӀэ мывэм къыхэщӀыкӀауэ, абы зы барщыбэ иӀыгът. НардкӀэ зэджэ къэкӀыгъэм и дагъэ къабзэу икӀи лъапӀэу мэ ӀэфӀ къызыпихыр итт а барщыбэм. ЦӀыхубзым барщыбэр икъутэри, Хьисэ и щхьэм дагъэ трикӀащ.