Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 14:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэм ящыщу япэрей махуэм, ӀутӀыж щынэр щыфӀагъэжу щытам, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къыжраӀащ: – ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр щыпшхын щхьэкӀэ, дэнэ щыпхуэдгъэхьэзырыну ухуей?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 14:12
16 Iomraidhean Croise  

– ИджыкӀэ апхуэдэу ирехъу, – жэуап иритыжащ абы Хьисэ, – апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ захуагъэ длэжьауэ мэхъури. Ар къыщыжриӀэм, арэзы хъури, Иуан Хьисэ иумэхъащ.


ӀутӀыж махуэшхуэмрэ ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэмрэ къэсыным махуитӀ къэнэжат. Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, гъэпцӀагъэкӀэ зэраубыдыну щӀыкӀэм егупсысырт.


Ар щызэхахым, ахэр къэгуфӀащ икӀи Иудэ ахъшэ къратыну къагъэгугъащ. Хьисэ абыхэм яригъэубыдын щхьэкӀэ игъуэ щыхъунум пэплъэу щӀидзащ Иудэ.


Ар щыжаӀэм, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ящыщ цӀыхуитӀ къалэм игъэкӀуащ, мыпхуэдэу яжриӀэри: – Къалэм фыдыхьи, лӀы гуэрым псы кхъуэщын иӀыгъыу къыфхуэзэнущ. А лӀым и ужь фиту фыкӀуэ.


Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan