Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 14:1 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

1 ӀутӀыж махуэшхуэмрэ ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэмрэ къэсыным махуитӀ къэнэжат. Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ яукӀын щхьэкӀэ, гъэпцӀагъэкӀэ зэраубыдыну щӀыкӀэм егупсысырт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 14:1
23 Iomraidhean Croise  

Къалъэгъуащ абыхэм Исуф жыжьэу, икӀи абыхэм, ар гъунэгъу къахуэмыхъу щӀыкӀэ, мурад ящӀу щӀадзащ ар яукӀыну.


Тхьэр уафэгум къоплъыхри, цӀыхум и къуэхэм къахоплъэ акъылыфӀэу, Езым лъыхъуэ яхэтмэ, ищӀэн папщӀэ.


Уи лъагъуныгъэ мыкӀуэдыжыр гъащӀэм нэхърэ нэхъыфӀщи, щӀыхь пхуэсщӀынщ.


Си псэр пкӀэрыпщӀащ Уэ. Уи Ӏэ ижьым сэ сиӀыгъщ.


Синэгуэгум щӀэкӀыжауэ, Хьисэ ягъэкӀуэдыну мурад ящӀати, зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэмкӀэ зэчэнджэщыжырт фарисейхэр абы щыгъуэ.


– Аращи, псапэ тыхь щыпткӀэ, цӀыхухэм хъыбар йомыгъащӀэ, синэгуэгухэм щӀэс икӀи уэрамхэм тет бзитӀщхьитӀхэм фӀыщӀэ лей къахьын мурадкӀэ зэрызагъэнаӀуэм ещхьу. Пэжыр нывжызоӀэ, апхуэдэу зыщӀхэм я ӀыхьэфӀыр ягъуэтакӀэщ.


ЩӀакхъуэ Мыгъэтэдж щашх махуэшхуэхэм ящыщу япэрей махуэм, ӀутӀыж щынэр щыфӀагъэжу щытам, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм къыжраӀащ: – ӀутӀыж пщыхьэщхьэшхэр щыпшхын щхьэкӀэ, дэнэ щыпхуэдгъэхьэзырыну ухуей?


Абыхэм жаӀащ: – ЦӀыхухэм зыкъамыӀэтын щхьэкӀэ, ар махуэшхуэм трыремыхуэ.


Дин пашэшхуэхэмрэ фарисейхэмрэ къэхъуар щызэхахым, Тхьэмадэ Хасэшхуэм щыщхэр зэхуашэсащ: – Сыт тщӀэнур? – чэнджэщащ ахэр. – Мы лӀым нэщэнэ гъэщӀэгъуэныщэ куэд къегъэлъагъуэ.


ӀутӀыж махуэшхуэр къэблэгъат. Дунейм ехыжу, Адэ лъапӀэм и деж щигъэзэжыну пӀалъэр къызэрысар Хьисэ ищӀэрт. Езым и цӀыхуу дунейм тетхэр фӀыуэ илъагъурт, и кӀэм нэсыхуи фӀыуэ илъэгъуащ.


Петр яригъэубыдри, лъэхъуэщым щӀригъэдзащ Ирод, зауэлӀ плӀырыплӀ хъу гупиплӀым яхъумэну яӀэщӀилъхьащ ар. Ирод и мурадт ар ӀутӀыж махуэшхуэм и ужькӀэ хеящӀэм и пащхьэм иришэну.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan