Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 13:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Гъунэгъууи жыжьэуи, зауэ хъыбар щызэхэфхкӀэ, фымышынэ. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 13:7
17 Iomraidhean Croise  

къыхехыж тхьэмыщкӀэр сабэм, къыхехыж хэутэн ящӀар


Ер зылэжьа бзаджащӀэхэм садумыгъэкӀуэд, гъунэгъухэм яхэт щыхъукӀэ, ахэр мамырыгъэм топсэлъыхь, ауэ я гум бзаджагъэр илъщ.


ЦӀыхухэм гуэныхь ящӀэну дезыгъэхьэх Ӏуэхухэм я зэранкӀэ дунейр гъуэгу мыгъуэ теуващ. Пэжщ, апхуэдэ Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ ахэр къызыбгъэдэкӀ цӀыхур гъуэгу мыгъуэ теуващ.


Ар щызэхихым, Ирод пащтыхьыр гузэващ, абы дэгузэващ Ерусалим дэс цӀыху псори.


– Си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.


Зы лъэпкъыр адрей лъэпкъым, зы къэралри адрей къэралым езэуэну къызэщӀэтэджэнущ. ЩӀыр щӀыпӀэ-щӀыпӀэхэми хуабжьу щыхъеинущ, гъабли щыхъунущ. А Ӏуэхухэр гугъуехь куэдым я къежьапӀэщ.


– Фымыгузавэ. ТхьэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ, сэркӀи фӀэщхъуныгъэ зивгъэӀэ.


Гузэгъэгъуэ къыфхузогъанэ, си гузэгъэгъуэр фызот: Гузэгъэгъуэу сэ фэстыр дунейм къывитын лъэкӀынукъым. Фымыгузавэ икӀи фымышынэ.


Мэссихь, гугъуехь ишэча нэужь, лӀахэм къахэтэджыкӀыжын хуейуэ зэрыщытар захригъэщӀыкӀыурэ, яхуигъэнэхуащ. – Хьисэ зи хъыбар фхуэсӀуатэр Мэссихьыращ, – жиӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan