Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 13:6 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

6 – Си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 13:6
13 Iomraidhean Croise  

Бегъымбар нэпцӀ куэд къежьэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.


– Си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ» жаӀэу, цӀыху куэд къэкӀуэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.


Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущ. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэр ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.


Зыми фыкъызэримыгъэпцӀэным фыхуэсакъ! – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.


Гъунэгъууи жыжьэуи, зауэ хъыбар щызэхэфхкӀэ, фымышынэ. А Ӏуэхухэр къэхъун хуейщ, ауэ дунейм и кӀэухыр иджыри къэсауэ аркъым.


Сэ си Адэм и цӀэкӀэ сыкъэкӀуащ, ауэ фэ сывдэркъым; абы и цӀэкӀэ нэгъуэщӀ гуэр къакӀуэмэ, ар вдэнущ.


«Фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ», нывжесӀащ. Пэжщ, сэ сызыщыщыр ныщывжесӀэкӀэ, ар фэ фи фӀэщ мыхъумэ, фи гуэныхьхэр фтелъу фылӀэжынущ.


Арати, Хьисэ абыхэм яжриӀащ: – ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр щыфӀэткӀэ, сэ хэт сыщыщми, сэр-сэру зыри зэрызмыгъэзащӀэри, си Адэм сигъащӀэ псалъэхэр къызэрыжысӀэри къэфщӀэнущ.


ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan