Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 13:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Зыми фыкъызэримыгъэпцӀэным фыхуэсакъ! – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 13:5
11 Iomraidhean Croise  

КъыджеӀэт, а жыхуэпӀа Ӏуэхухэр сыт щыгъуэ къыщыхъунур? А псори къызэрыхъунум я нэщэнэхэр сыт?


– Си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ, цӀыху куэди къагъэпцӀэнущ.


– ЦӀыхухэм фыкъызэрамыгъэпцӀэным фыхуэсакъ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», икӀи «Махуэр къэблэгъащ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ. Абыхэм я ужь фымыувэ.


Аращи, цӀыхухэм зыкъевмыгъэгъапцӀэ: Ныбжьэгъу Ӏейхэм цӀыху щэныфӀэр ягъэкӀуэд.


Псалъэ мышыухэмкӀэ зыми зыкъевмыгъэгъапцӀэ, апхуэдэ Ӏуэхухэм щхьэкӀэ Тхьэм и губжьыр езым емыдаӀуэ цӀыхухэм къалъигъэсынущи.


Фысакъ, мы дунейм и философие нэпцӀымкӀэ, цӀыхухэр щызыгъауэмкӀэ зыми зыдевмыгъэшэх. Апхуэдэ философие къызыхэкӀыр Мэссихькъым, атӀэ ди адэжьхэм къащӀэна хабзэмрэ мы дунейм теухуауэ цӀыхухэм яхэлъ гурыӀуэныгъэу нэпцӀымрэщ.


Хэту щытми, зыкӀи зыкъевмыгъэгъапцӀэ. ЦӀыхухэм я щӀыб Тхьэм хуагъэзэн, бзаджагъэм и цӀыхуу Тхьэм игъэкӀуэдыжынур къэлъэгъуэн и пэкӀэ, а махуэр къэсынукъым.


ФӀыуэ слъагъухэ, «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр си гум илъщ», жызыӀэ дэтхэнэри фи фӀэщ фымыщӀ, ауэ и гум илъыр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр арамэ, вгъэунэху, бегъымбар нэпцӀ Ӏэджэ дунейм къытехьащи.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan