23 Ауэ фэ фызыхуэсакъыж, а Ӏуэху псори къэхъун и пэкӀэ, абыхэм я гугъу фхуэсщӀащ.
Мис, а Ӏуэхухэр къэхъун и пэкӀэ абыхэм я хъыбар нывжесӀащ.
– Бегъымбар нэпцӀхэм фахуэсакъ. Абыхэм мэл Ӏэсафэ зытрагъауэ, ауэ ягукӀэ дыгъужь хъунщӀакӀуэхэм хуэдэу фи деж къокӀуэ.
Мэссихь нэпцӀхэмрэ бегъымбар нэпцӀхэмрэ къежьэнущ. Абыхэм нэщэнэ гъэщӀэгъуэнхэри Ӏуэху телъыджэхэри къагъэлъагъунущ, Тхьэм къыхиха цӀыхухэр ягъэпцӀэн мурадкӀэ, ялъэкӀмэ.
– А махуэхэм, гузэвэгъуэшхуэм и ужькӀэ, дыгъэр ункӀыфӀынущ, мазэри къэунэхужынукъым.
Фызыхуэсакъыж! Фымыжейуэ фысакъ, Тхьэми фелъэӀу; а сыхьэтыр къыщысынур фщӀэркъыми.
Зыми фыкъызэримыгъэпцӀэным фыхуэсакъ! – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.
Ауэ фэ фызыхуэсакъыж. Тхьэмадэ хасэхэм фрашэлӀэнущ, синэгуэгухэми щӀопщкӀэ къыщывэуэнущ. Си гъуэгу фызэрырикӀуэм щхьэкӀэ, Ӏэтащхьэхэмрэ пащтыхьхэмрэ я пащхьэм, хъыбарыфӀым щыхьэт фытехъуэн щхьэкӀэ фиувэнущ.
– Ефэ-ешхэнымкӀи, удэфэнымкӀи, мы дунейм и гугъуехьхэмкӀи фи щхьэр зэрызэӀывмыгъэхьэнми фыхуэсакъ. Ар мыхъумэ, а махуэр фымыщӀэххэу къыфепсыхэнущ.
– ЦӀыхухэм фыкъызэрамыгъэпцӀэным фыхуэсакъ, – жиӀащ Хьисэ. – Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ си цӀэр зыфӀащурэ, «Мэссихьыр сэращ», икӀи «Махуэр къэблэгъащ», жаӀэу цӀыху куэд къэкӀуэнущ. Абыхэм я ужь фымыувэ.
Мы Ӏуэхур къэхъун и пэкӀэ вжесӀащ, къыщыхъукӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун щхьэкӀэ.
Аращи, фӀыуэ слъагъухэ, мыр фызэрагъэӀущащи, Тхьэм и унафэхэм текӀ цӀыхухэм я гъуэгу пхэнжхэм фызэрытемыхьэнми щыпкъагъэу фызытетым фызэрытемыкӀыжынми фыхуэсакъ.