10 ХъыбарыфӀыр лъэпкъ псоми хуаӀуэтэн хуейщ япэщӀыкӀэ.
Ниневие къалэм дэса цӀыхухэр, къемэтмахуэм къэтэджыжынурэ, иджырей цӀыхухэм къедэуэнущ икӀи ахэр къагъэкъуэншэнущ, Инус ахэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэ щыхъум, ящӀа гуэныхьхэм хущӀегъуэжащи, ауэ сэ нывжызоӀэ, Инус нэхърэ нэхъ лъапӀэ гуэр къыфхэтщ.
Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀылъэ псом тет цӀыхухэр ирагъэдэӀуэн хуейуэ щытщ, цӀыху лъэпкъ псоми я пащхьэм щыхьэт щыхъун щхьэкӀэ. Дунейм и кӀэухыр къэсынущ абы и ужькӀэ.
– Дуней псор къэфкӀухьурэ, – яжриӀащ Хьисэ абыхэм, – цӀыху псори хъыбарыфӀым* евгъэдаӀуэ.
Псом япэрауэ, фи фӀэщхъуныгъэм и хъыбарыр дунейм дэнэкӀи цӀыхухэм зэрыщаӀуатэм щхьэкӀэ, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ фэ псоми папщӀэ Тхьэм фӀыщӀэ хузощӀ,
Ауэ сэ сыщӀоупщӀэ: ХъыбарыфӀыр зэхамыхауэ ара? Хьэуэ, фӀыуэ зэхахащ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм и псалъэ тхахэм зэрыхэтым хуэдэу, «ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэхэм я макъыр щӀылъэм дэнэкӀи щызэхахащ, я псалъэхэри щӀылъэм и гъунэхэм нэсащ».
Зэхэфха хъыбарыфӀым ӀыхьэфӀ фыщигъэгугъащ. А ӀыхьэфӀыр зыми зыхевмыгъэгъэнын щхьэкӀэ, фӀэщхъуныгъэм и гъуэгу фытемыкӀыу пэжу фрикӀуэн хуейщ. Тхьэм хуэлажьэхэм а хъыбарыфӀыр уафэм и щӀагъым щыпсэу цӀыху псоми хуаӀуэтащ. Сэ, Паул, а хъыбарыфӀым сыхуолажьэ.
Дуней псоми хъыбарыфӀым фӀыгъуэ къыхудокӀуэ, цӀыху нахъыбэм я дежи нэс зэпытщ. Апхуэдэу фи дежи щыхъуащ, хъыбарыфӀыр зэхэфхыу, Тхьэм и нэфӀ щыхуэныгъэр пэжу къыщывгурыӀуа махуэм къыщыщӀэдзауэ.
НэгъуэщӀ мелыӀыч гуэр уафэм щызелъатэу слъэгъуащ абы и ужькӀэ. Дунейм тет цӀыху псоми, лъэпкъ псоми, унагъуэ лъэпкъ псоми, бзэ псоми, къэрал псоми яхуиӀуэтэну Тхьэм и хъыбарыфӀу мыкӀуэдыжынур а мелыӀычым къихьырт.