9 Жызум хадэр зейм сыт ищӀэнур? – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Ар кӀуэнурэ, жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынущ, хадэри нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ.
Апхуэдэу щыхъукӀэ, езым нэхърэ нэхъ Ӏейуэ нэгъуэщӀ жин бзаджибл здешэри, макӀуэри, унэм щӀотӀысхьэ. ИкӀэм-икӀэжым а цӀыхум и Ӏуэхур япэм нэхърэ нэхъ Ӏей мэхъу. Аращ иджырей цӀыхухэм къащыщӀынур.
Жызум пычыжыгъуэр къыщысым, и жызум Ӏыхьэр къыӀахыну жызумгъэкӀхэм я деж унэӀутхэр игъэкӀуащ абы.
– Аращи, нывжызоӀэ, – къыпищащ Хьисэ, – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнымкӀэ хуитыныгъэр фэ къыфтрихынурэ, и Тепщэныгъэшхуэм хуэфащэу фӀыгъуэр зыгъэзащӀэ нэгъуэщӀ лъэпкъ гуэрым иритынущ.
Пащтыхьым ар щызэхихым, къэгубжьщ, и дзэр игъакӀуэщ, а лӀыукӀхэр зэтрыригъэукӀэри, я къалэри мафӀэкӀэ иригъэгъэсащ.
Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэм феджакъэ: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ.
Арати, ар къаубыдщ, яукӀри, жызум хадэм кърадзыжащ.
«Сэ пащтыхь сахуэхъуну хуэмея си бийхэр къафши, си пащхьэм деж щывукӀ иджы».
Ешайа бегъымбарми Тхьэм и цӀэкӀэ, гушхуауэ, къыжиӀащ итӀанэ: «Сыкъэзымылъыхъуа цӀыхухэм сыкъагъуэтащ, къысщӀэмыупщӀахэми зезгъэлъэгъуащ».