44 сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а цӀыху псоми къелыжа ахъшэм щыщщ пхъуантэм далъхьар, фызабэм иӀэ псори дилъхьащ пхъуантэм – зэрыпсэуну иӀэ мащӀэ тӀэкӀур зэрыщыту.
И гъуэгу ирикӀуэхэр къриджэри, яжриӀащ Хьисэ: – Пэжыр нывжызоӀэ, мы фызабэ тхьэмыщкӀэм и закъуэ адрей цӀыху псоми нэхърэ нэхъыбэ дилъхьащ пхъуантэм;
Мы цӀыхубзым лъэкӀыр ищӀащ. Абы си пкъым дагъэ къыщихуэри, сызэрыщӀалъхьэжынум сыхуигъэхьэзыращ.
– Къуэ нэхъыщӀэм и адэм жриӀащ: «Си адэ, мылъкум щыщу къыслъысыну Ӏыхьэр къызэт». Арати, адэм мылъкур яхуигуэшащ.
Ауэ къуэ зыхужыпӀэу уи мылъкур цӀыхубз псэжьхэм ятезыгъэкӀуэдар къэкӀуэжати, танэ гъэшхар хуфӀебгъэгъэжащ».
А цӀыхухэм цӀыхубз гуэр яхэтт. Илъэс пщыкӀутӀ хъуауэ, абы лъы щӀэкӀыурэ куэдрэ игъэгуӀэрт. Мылъкуу иӀа псори дохутырхэм ятригъэкӀуэдат, ауэ зыми игъэхъужын хузэфӀэкӀатэкъым.
Зыгуэрым дуней мылъкур иӀэ пэтми, езым и къуэшым щыщӀагъэ иӀэу щилъагъукӀэ, ар фӀэгуэныхь мыхъумэ, абы и гум Тхьэм и фӀылъагъуныгъэр илъын?