ТекӀуэныгъэр къэзыхьыр си Тхьэм и унэшхуэм пкъоууэ щӀэзгъэувэнущ, а унэшхуэми зэи щӀэкӀыжынукъым. Си Тхьэм и цӀэрэ си Тхьэм и къалэшхуэу ЕрусалимыщӀэм и цӀэрэ а цӀыхум и натӀэм тестхэнущ. А къалэр си Тхьэуэ уафэм щыӀэм деж къикӀыу къехынущ. Сэ цӀэщӀэу сиӀэри а цӀыхум и натӀэм тестхэнущ.