Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 12:12 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

12 Мы ущие хъыбарыр Торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ езыхэм ятеухуауэ Хьисэ къызэрыжиӀар къагурыӀуати, Хьисэ яубыдыну хэтащ ахэр, ауэ цӀыхубэм ящышынэрти, абы и ужь икӀри ежьэжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 12:12
13 Iomraidhean Croise  

– «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыхухэм дащышынэн хуейщ, цӀыху псоми Иуан бегъымбару ялъытэри.


Ар щызэхахым, абыхэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Хьисэ къагъанэри, ежьэжащ.


Дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ жиӀар щызэхахым, ар зэрагъэкӀуэдыну щӀыкӀэм егупсысу щӀадзащ; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Хьисэ яригъащӀэу щыта Ӏуэхухэр цӀыху куэдым яфӀэтелъыджэти, дин пашэшхуэхэмрэ торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ Хьисэ щышынэрт.


– Хьэмэ «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жетӀэн? – Ахэр цӀыхухэм ящышынэрт; цӀыху псоми Иуан пэжу бегъымбару ялъытэрти.


Хьисэ мы ущие хъыбарыр езыхэм ятеухуауэ зэрыжиӀар торэт егъэджакӀуэ пашэхэмрэ дин пашэшхуэхэмрэ къагурыӀуати, ар занщӀэу яубыдыну хэтащ, ауэ цӀыхухэм ящышынэрт.


– Ауэ «ЦӀыхухэращ Иуан къэзыгъэкӀуар», жытӀэмэ, цӀыху псори мывэкӀэ къыдэуэурэ, даукӀынущ, Иуан зэрыбегъымбарыр я фӀэщ мэхъури.


Ерусалим щыщ цӀыхухэм ящыщ гуэрхэм жаӀащ абы щыгъуэ: – Мыракъэ яукӀыну зи ужь итыр?


Ар щыжиӀэм, Хьисэ яубыдыну хуежьащ, ауэ ар щаубыдыну пӀалъэр иджыри къэсатэкъыми, и Ӏэр зыми хуэӀэтакъым.


Абыхэм ящыщ зы гупыр Хьисэ яубыдыну хуеящ, ауэ абы зыри тегушхуакъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan