Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 12:11 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

11 Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ»?

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 12:11
13 Iomraidhean Croise  

Жэуап къатащ Лабанрэ Бэтуелрэ, мыр жаӀэурэ: – Зиусхьэным къыбгъэдэкӀащ мы Ӏуэхур; дэ тхузэфӀэкӀынукъым абы дыпэрыуэу ӀейкӀи фӀыкӀи зыгуэр жытӀэну.


Мыхъун къысхужремыӀэ, Ӏумпэм сремыщӀ, уи псалъэ гъуазэхэр згъэзэщӀащи.


Сэ сагъэбийуэ, зэрыгъэӀущыжауэ, тепщэныгъэ зиӀэхэр зэхэсщ; хабзэу бгъэувахэм сэ, уи ӀурыщӀэр, согупсыс.


Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».


ЦӀыху псоми ягъэщӀагъуэу, зыхуахьынур ямыщӀэу, жаӀащ: – Сыт мы къэхъуар зищӀысыр?


Хамэ лъэпкъхэмкӀэ щӀыхьышхуэ гъэщӀэгъуэну а щэхум хэлъыр Тхьэм и цӀыху лъапӀэхэм яригъэщӀэну игъуэу илъытащ. А щэхур мыращ: Мэссихь фи псэм щыщщ, ари фи псэм зэрыщыщым щхьэкӀэ щӀыхьышхуэ фиӀэ зэрыхъуным фыпоплъэ, абы фыщыгугъыу.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan