Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 12:10 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

10 Тхьэм и псалъэ тхахэм хэт мы псалъэхэм феджакъэ: «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зэтезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 12:10
17 Iomraidhean Croise  

– Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжалӀэ щыхъум, абы ищӀам феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ.


– Тхьэуэ дунейр къэзыгъэщӀам щӀэдзапӀэм деж цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ», жиӀэу Тхьэм и псалъэу тхахэм хэту феджакъэ? – жэуап итыжащ Хьисэ.


Хьисэ къыжраӀащ: – Абыхэм жаӀэр зэхэпхрэ? – Зэхызох, – яжриӀащ Хьисэ, – ауэ феджакъэ Даут Тхьэм мыпхуэдэу зэрыжриӀам: «Сабийхэмрэ сабий быдзафэхэмрэ я жьэкӀэ щӀыхь зыхуебгъэщӀащ»?


Хьисэ яжриӀащ итӀанэ: – Тхьэм и псалъэу тхахэм мыпхуэдэу зэрыхэтым феджакъэ? «УхуакӀуэхэм зрамыпэсу хыфӀадзэжа мывэр унэр зытезыӀыгъ мывэ лъабжьэ хъуащ. Мыр Зиусхьэным къыбгъэдэкӀ Ӏуэхущ, икӀи ар дэ тфӀэтелъыджэщ».


Ауэ лӀахэр къэтэджыжыныр пэж, жыфӀэу фыщӀэупщӀэмэ, Тхьэм жиӀа мы псалъэхэм феджакъэ:


ЛӀахэм я къэтэджыжыкӀэ хъунур Мусэ бегъымбарым и тхылъым иту феджакъэ? Пыжь банэм и хъыбарыр здитым деж итщ Тхьэр Мусэ бегъымбарым къепсалъэу мыпхуэдэу къызэрыжриӀар: «Сэращ Ибрэхьими, Исхьэкъи, Екъуби я Тхьэр».


Жызум хадэр зейм сыт ищӀэнур? – къыщӀигъужащ Хьисэ. – Ар кӀуэнурэ, жызумгъэкӀхэр игъэкӀуэдынущ, хадэри нэгъуэщӀхэм яӀэщӀилъхьэнущ.


– Ауэ Даниил бегъымбарыр зытепсэлъыхьа «Зэхэзыкъутэ ГущыкӀыгъуэр» здэщыт мыхъун щӀыпӀэм щыту щыфлъагъукӀэ, (еджэм ар къыгурыреӀуэ), Иудей хэкум ис цӀыхухэр Ӏуащхьэхэм ирекӀуэлӀэж.


– Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжэлӀауэ гугъу ехь щыхъум, абы ищӀам феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ.


Даутрэ Даут и гъусэхэмрэ мэжалӀэ щыхъум, абы ищӀам феджакъэ? – яжриӀащ Хьисэ абыхэм.


И псалъэ тхахэм хэту Тхьэм къызэрыжиӀэм хуэдэу: «ЦӀыхухэр зыгъэлъэпэрэпэн мывэу, цӀыхухэр щӀым тезыгъэджалэ мывэшхуэр Сион къалэм щызогъэтӀылъ. ЩӀегъуэжынукъым а мывэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэр».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan