9 Хьисэ и пэ иту кӀуэхэми, и ужь иту кӀуэхэми макъышхуэкӀэ жаӀащ: Хьусаннэ! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ!
ЦӀыху гупышхуэу Хьисэ и пэ иту кӀуэхэми и ужь иту кӀуэхэми макъышхуэкӀэ жаӀащ: – Хьусаннэ Даут и Къуэм деж! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ! Хьусаннэ! Тхьэуэ Лъагэм щӀыхьышхуэр ейщ!
Сэ нывжызоӀэ, «Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэм щӀыхьышхуэр ейщ» щыжыфӀэну махуэм нэсыху, сыкъэфлъагъужынукъым.
ЦӀыху куэдым я щыгъынхэр Хьисэ гъуэгум хутраубгъуэрт, хадэхэм ит жыгхэм къудамэхэр къыпаупщӀурэ гъуэгум хутралъхьэрт нэгъуэщӀхэми.
Щызэхахым, пальмэ жыгым и къудамэхэр къащтэри, Хьисэ пежьэну дэкӀащ, макъ лъагэкӀэ мыр жаӀэурэ: «Хьусаннэ! Зиусхьэным и цӀэкӀэ къакӀуэ Израил пащтыхьым щӀыхьышхуэр ейщ!»
– Ӏуш, Ӏуш, жорым еӀулӀ ар, – зэрыгъэкӀиящ ахэр. – Фи пащтыхьыр жорым есӀулӀынуи? – яжриӀащ Пилат. – Кесарым фӀэкӀа, нэгъуэщӀ пащтыхь диӀэкъым, – жаӀащ дин пашэшхуэхэм.