3 «Сыт фщӀэр?» жиӀэу зыгуэрым къывжиӀэмэ, «Зиусхьэныр абы хуейщ», жефӀи, ар къэфшэну хуит фищӀынущ асыхьэту.
Абы и Ӏуэхур икъукӀэ щытхъу зыпылъщ, дахэщ, игъащӀэкӀэ щыӀэнщ Абы и щыпкъагъэ.
Си гур уи деж ныдызохьей, Зиусхьэн.
мыпхуэдэу яжриӀэри: – Фяпэ ит жылэм фыдыхьэ. Фызэрыдыхьэу, цӀыху зэи зытемытӀысхьа шыд шыщӀэ епхауэ фрихьэлӀэнущ. Ар къыкӀэрыфтӀэтыкӀи, къафшэ.
Ахэр кӀуэри, куэбжэм епхауэ, шыд шыщӀэ уэрамым щрихьэлӀэри, къыкӀэратӀэтыкӀащ.
АбыкӀэ феупщӀа нэужь, гъэщӀэрэщӀауэ, а Ӏуэхум тегъэпсыхьауэ, пэшышхуэ лъагэ гуэр фигъэлъагъунущ. Псори абы щытхуэвгъэхьэзыр.
Тхьэм елъэӀуурэ жаӀащ итӀанэ: – Зиусхьэн, уэ цӀыху псоми я гум илъыр уощӀэ. Мы лӀитӀым ящыщу, апостолым и Ӏуэхур ищӀэну къыхэпхар дыгъэлъагъу; сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ а Ӏуэхур къигъанэри, Иудэ езым хуэфащэ щӀыпӀэм кӀуащ.
Тхьэм израил цӀыхухэм ялъигъэӀэса хъыбарыфӀыр фэ фощӀэ. Ар мыпхуэдэу жызыӀэ хъыбарыфӀырщ: Хьисэ Мэссихьу цӀыху псоми я Зиусхьэнырщ цӀыхухэр Тхьэм езыгъэкӀужыр.
ЦӀыхухэм я ӀэкӀэ езым зыгуэр къыхуащӀын хуейкъым. Аращ псэ зыӀут псори щызыгъэӀэри, жьы къезыгъапщэри, зыхуэныкъуэ псори езыгъэгъуэтри.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ди Зиусхьэн Хьисэ Мэссихь и нэфӀ къызэрытщыхуар фощӀэ. Ар хуэкъулейуэ щыта пэтми, дэр щхьэкӀэ тхьэмыщкӀэ хъуащ, и тхьэмыщкӀагъэмкӀэ фэ бей фыхъун щхьэкӀэ.