21 Хьисэ и псалъэр игу къэкӀыжри, Петр абы къыжриӀащ: – Равви, еплъ, узэбга ахъуо жыгыр гъуащ.
Гъуэгубгъум зы ахъуо жыг щилъагъури, абы бгъэдыхьащ, ауэ тхьэмпэ фӀэкӀ зыри пигъуэтакъым; жыгым мыпхуэдэу жриӀащ: – ИгъащӀэкӀэ зыри уэ къыппымыкӀэжын ирехъу! Ар зэрыжиӀэу, ахъуо жыгыр гъуащ.
ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри «дин егъэджакӀуэкӀэ» зрагъэджэнри ящӀасэщ.
– Ауэ фэ «дин егъэджакӀуэкӀэ» зэвмыгъаджэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дин егъэджакӀуэу фиӀэ закъуэр Мэссихьщ икӀи фэ псори фызэкъуэшщ.
– Пащтыхьым и сэмэгурабгъумкӀэ щытхэми яжриӀэнущ: «ФызбгъэдэкӀ фэ, Тхьэм и ней зыщыхуахэр. ШейтӀанымрэ абы и мелыӀычхэмрэ Тхьэм яхуигъэхьэзыра мыункӀыфӀыжын мафӀэм фыкӀуэ.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къелъэӀуащ: – Равви, шхэ.
Зиусхьэныр фӀыуэ зымылъагъум Тхьэм и нейр къыщрехуэ. Маранафэ.