16 Тхьэм и унэшхуэм хьэпшып гуэри зыми щызэрихьэну идакъым Хьисэ.
Ерусалим нэсащ. Хьисэ Тхьэм и унэшхуэм щӀыхьэри, сатуущӀэхэри щэхуакӀуэхэри къыщӀихуу щӀидзащ. Ахъшэ зыхъуэжхэм я Ӏэнэхэмрэ тхьэрыкъуэ зыщэхэм я шэнтхэмрэ щхьэпридзащ.
ЦӀыхухэм Ӏуэхугъуэхэр яригъащӀэурэ, мыпхуэдэу яжриӀащ: – Тхьэм къызэрыжиӀэр и псалъэ тхахэм хэткъэ: «Сэ си унэр лъэпкъ псоми тхьэлъэӀупӀэ яхуэхъунущ»? Ауэ фэ ар «хъунщӀакӀуэ тӀысыпӀэм» ещхь фщӀащ.