6 – ЩӀэдзапӀэм деж Тхьэм дунейр щиухуэм, цӀыхухэр «цӀыхухъурэ цӀыхубзу къигъэщӀащ».
Тхьэм япэщӀыкӀэ къигъэщӀащ уафэмрэ щӀылъэмрэ.
ИкӀи Езым и теплъэ иӀэу, Езым ещхьу къигъэщӀащ Тхьэм цӀыхур; цӀыхухъурэ бзылъхугъэу къигъэщӀащ ахэр.
ЦӀыхухъурэ бзылъхугъэу ахэр къигъэщӀащ, и нэфӀ абыхэм ящыхуэри ахэр къыщигъэщӀа махуэм цӀэуэ цӀыху яфӀищащ абыхэм.
а махуэхэм дунейм гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъунущи. Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ нобэр къыздэсым щыӀакъым апхуэдэ гузэвэгъуэшхуэ, дяпэкӀи щыӀэнукъым.
Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ езым и хьэл-щэну ямылъагъуфым Тхьэм къигъэщӀахэмкӀэ цӀыхухэм нахуэу гу лъатэн ялъокӀ. Езым и хьэл-щэн ямылъагъуфу жыхуэсӀэр и лъэкӀыныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынур аращ, езыр Тхьэуэ зэрыщытри аращ. Аращи, цӀыхухэм зызэрагъэхеин зыри щыӀэкъым.
мыпхуэдэу жаӀэнущ: «Хьисэ къигъэзэжыну дыкъигъэгугъащ. АтӀэ дэнэ щыӀэ? Ди адэжьхэр дунейм ехыжащ, ауэ Тхьэм дунейр къыщигъэщӀам къыщыщӀэдзауэ псори зэрыщытам тетщ».