Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 10:51 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

51 – Сыт пхуэсщӀэну узыхуейр? – еупщӀащ Хьисэ а лӀым. – Равви, си нитӀыр къысхуэгъэплъэж, – къыжриӀащ нэфым.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 10:51
11 Iomraidhean Croise  

ЦӀыху зэхыхьэпӀэхэм езыхэм цӀыхухэм пщӀэ лей защыхурагъэщӀынри «дин егъэджакӀуэкӀэ» зрагъэджэнри ящӀасэщ.


– Ауэ фэ «дин егъэджакӀуэкӀэ» зэвмыгъаджэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ дин егъэджакӀуэу фиӀэ закъуэр Мэссихьщ икӀи фэ псори фызэкъуэшщ.


Аращи, абыхэм зэращӀым хуэдэу фымыщӀэ; фэ фелъэӀун и пэкӀэ, фызыхуэныкъуэр фи Адэ лъапӀэм ещӀэри.


– ФелъэӀуи, Тхьэм къывитынущ; фылъыхъуи, къэвгъуэтынущ; куэбжэм фытеуӀуи, Тхьэм къыфхуӀуихынущ;


– Сыт фхуэсщӀэну фызыхуейр? – щӀэупщӀащ Хьисэ.


Нэфым и щыгъын щӀыӀутелъыр зыщидзщ, къыщылъэтри, Хьисэ къыбгъэдыхьащ.


– Мэрием, – жиӀащ Хьисэ. Ар щызэхихым, Мэрием зэплъэкӀри, журтыбзэкӀэ жиӀащ: – Раввуни! (Раввуним къикӀыр «Дин ЕгъэджакӀуэ» жиӀэу аращ.)


Дзэпщым щӀалэм и Ӏэр иубыдщ, лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, еупщӀащ: – Сыт къызжепӀэну узыхуейр?


Зыми фремыгъэгузавэ, ауэ сыт ищӀыс Ӏуэхуми щхьэкӀэ Тхьэм фелъэӀуурэ, щӀыхь хуэфщӀурэ, фи дэӀэпыкъуэгъу хъуну фелъэӀуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащӀэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan