44 Фэ фщыщ япэ итыну хуеймэ, ар псоми пщылӀ яхурехъу.
Уи джанэр птрихын щхьэкӀэ, зыгуэр къодауэмэ, уи щыгъын щӀыӀутелъри къыхуэгъанэ абы.
Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фяку дэлъын хуейр. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу.
Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр къыщӀэкӀуар цӀыхухэм я сэбэп зригъэкӀын щхьэкӀэкъым, атӀэ езым и сэбэп цӀыхухэм яригъэкӀын икӀи цӀыху куэдым щхьэкӀэ и псэр щхьэщэхужу итын папщӀэщ.
Хьисэ тӀысщ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, яжриӀащ: – Зыгуэр я пэ итыну хуеймэ, ар я ужь дыдэ итын икӀи псоми ӀуэхутхьэбзащӀэ яхуэхъун хуейщ.
Ауэ езым зигъэцӀыкӀури, ӀуэхутхьэбзащӀэм и щытыкӀэ иӀэ хъуащ. ЦӀыхум хуэдэ хъуащ, и теплъэри цӀыхухэм я теплъэм хуэдэу щытащ.