43 Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фяку дэлъын хуейр. Фэ фщыщ ин хъуну хуеймэ, ар ӀуэхутхьэбзащӀэ къыфхурехъу.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэр къриджащ итӀанэ. – Фэ фощӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – мы дунейм тепщэкӀэ щызэджэжхэр цӀыхухэм я пщэм зэрыдэсыр, пашэхэми цӀыхухэм тепщэныгъэ зэрыхуаӀэри фощӀэ.
Фэ фщыщ япэ итыну хуеймэ, ар псоми пщылӀ яхурехъу.
Хьисэ тӀысщ, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр къриджэри, яжриӀащ: – Зыгуэр я пэ итыну хуеймэ, ар я ужь дыдэ итын икӀи псоми ӀуэхутхьэбзащӀэ яхуэхъун хуейщ.
зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущи.
– Сэ нывжызоӀэ, япэ лӀым хуэмыдэу, мы лӀыр Тхьэм дежкӀэ щыпкъагъэ игу илъу унэм кӀуэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ зи щхьэ зыгъэин дэтхэнэри Тхьэм игъэлъэхъшэнущ, зи щхьэр зыгъэлъахъшэр Тхьэм игъэинынущ.
Ауэ апхуэдэ зэхущытыкӀэкъым фэ фи зэхуаку дэлъын хуейр, атӀэ нэхъ ин дыдэу фхэтыр нэхъ цӀыкӀум хуэдэ ирехъу, тхьэмадэри щхьэгъэрытым хуэдэ ирехъу.
– Мы сабийр сэ си цӀэкӀэ езыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сригъэблэгъауэ мэхъу, сэ сезыгъэблагъэ дэтхэнэми сэ сыкъэзыгъэкӀуари иригъэблэгъауэ мэхъу, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ фэ фщыщу нэхъ цӀыкӀуращ нэхъ ин дыдэр.
– Сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым, – жэуап къитыжащ Хьисэ. – Си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщу щытатэмэ, журтхэм саӀэщӀэмыхуэн щхьэкӀэ, къысхуэлажьэхэр схуэзэуэнт. Ауэ сэ си пащтыхьыгъуэр мы дунейм щыщкъым.
Мы лъэхъэнэм ихабзэхэм Ӏэрылъхьэ зыхуэвмыгъэхъу. Тхьэм фи гум илъхэр зэрырехъуэкӀ, хьэл-щэныфӀ фхэлъ хъун щхьэкӀэ. Апхуэдэу фщӀымэ, Тхьэр зыхуейр къывгурыӀуэнущ – фӀыгъуэр зыхуэдэри, Тхьэм и гум ирихьри, фӀыгъуэ нэгъэсар зыхуэдэри къывгурыӀуэнущ.
Си къуэшхэ, щхьэхуитыныгъэ фиӀэну Тхьэм фыкъыхуриджащ. Ауэ щхьэхуитыныгъэр фи гуэныхьыщӀэ щэныжьыр зыщӀэхъуэпс Ӏейр фщӀэнымкӀэ лъабжьэ иремыхъу. Зыр зым фӀылъагъуныгъэкӀэ ӀуэхутхьэбзащӀэ хурехъу.