Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 10:23 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

23 Хьисэ зиплъыхьри, и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ: – Мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ!

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 10:23
13 Iomraidhean Croise  

жиӀащ: – Пэжыр нывжызоӀэ, фи гум илъыр зэфхъуэкӀыу, сабийхэм хуэдэ фымыхъумэ, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэм фыщӀыхьэнукъым.


Пэжыр нывжызоӀэ, сабийм Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрищтэм хуэдэу къэзымыщтэ дэтхэнэри а тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэнукъым.


Хьисэ ар щыжиӀэм, лӀым и нэгур къызэхэуэри, игу хэщӀауэ ӀукӀыжащ, мылъкушхуэ иӀэти.


Абыхэм я ерыщагъыр игу къеуэщ, губжьауэ яхэплъэри, Хьисэ лӀым жриӀащ: – Уи Ӏэр къэший. ЛӀым и Ӏэр къишийри, адрей Ӏэм хуэдэу хъужащ.


Хьисэ къеусар зрилъагъун щхьэкӀэ, зиплъыхьырт.


Игу зэрыщӀыхьар щилъагъум, Хьисэ жиӀащ: – Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр икъукӀэ гугъущ мылъкушхуэ зиӀэхэм я дежкӀэ.


– Пэж дыдэр ныбжызоӀэ, – жэуап итыжащ Хьисэ, – псымрэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмрэ къахэкӀыу, щӀэрыщӀэу къамылъхужмэ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэн лъэкӀынукъым цӀыхум.


Си къуэшхэ, фэ, Тхьэм езым и бынхэм ящыщ хъуну къыхуриджахэр, фызэплъыж. Мы дунейм и цӀыхухэм акъылыфӀагъэ зиӀэу ялъытэхэри, тепщэныгъэ зиӀэхэри, унагъуэ бейхэм ящыщхэри куэду къыфхэткъым.


Си къуэш лъапӀэхэ, фыкъэдаӀуэ! Мы дунейм и цӀыху тхьэмыщкӀэхэракъэ Тхьэм къыхихар, фӀэщхъуныгъэмкӀэ къулеигъэ пэжыр ягъуэтыжын, Тхьэр фӀыуэ зылъагъухэр къызэригъэгугъа тепщэныгъэшхуэмкӀэ я ӀыхьэфӀыр къалъысын щхьэкӀэ.


Фэ зинэ зыщӀэхэм фахуэдэщ. Мы дунейм ныбжьэгъу фыхуэхъунри Тхьэм бий фыхуэхъунри зыщ, ар фщӀэркъэ фэ? Аращи, дунейм ныбжьэгъу хуэхъуну хуейр Тхьэм и бий хъууэ арщ.


апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ ди Зиусхьэну, дымыкӀуэду дыкъезыгъэл Хьисэ Мэссихь и Тепщэныгъэшхуэу мыкӀуэдыжынум фыщӀыхьэну хуит фыхъунущ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan