13 ЦӀыхухэм я сабийхэр Хьисэ къыхуашэрт трагъэӀэбэну, Тхьэм и нэфӀ къащыхуэн щхьэкӀэ. Ауэ Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм ар цӀыхухэм хуадакъым.
ЦӀыху куэдым ямыдэу, «Щыгъэт!» жраӀащ, арщхьэкӀэ ар нэхъ макъышхуэкӀэ къэджащ аргуэру: – Даут и Къуэ, гущӀэгъу къысхуэщӀ!
– Дин егъэджакӀуэ, лӀы гуэрым уэ уи цӀэкӀэ жин бзаджэхэр цӀыхухэм яхихуу тлъэгъуащ, – къыжриӀащ Иуан Хьисэ. – Ар дэ зэрытщымыщым щхьэкӀэ дгъэувыӀэну дыхэтащ.