10 Унэм здыщӀэсым, и гъуэгу ирикӀуэхэр а ӀуэхумкӀэ аргуэру къеупщӀащ Хьисэ.
Хьисэ яжриӀащ: – Зи фыз изыгъэкӀыжу нэгъуэщӀ фыз къэзышэж дэтхэнэми япэрей фызымкӀэ зинэ ищӀауэ мэхъу.
Апхуэдэу щыщыткӀэ, Тхьэм гъусэ зэхуищӀа цӀыхуитӀыр цӀыхум зэбгъэдигъэкӀыж хъунукъым.
ЦӀыхухэр зэбгрыкӀыжу, Хьисэ и закъуэу къыщынэм, и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀымрэ и гъусэхэмрэ ущие хъыбархэм я мыхьэнэм теухуауэ къеупщӀащ.
Хьисэ унэ гуэрым щыщӀыхьэм, и гъуэгу ирикӀуэхэр я закъуэу къэнати, къеущӀащ абы и ужькӀэ: – Жин бзаджэр хэтхун дэ щхьэ тхузэфӀэмыкӀарэ?
Хьисэ Капернаум къалэм къэкӀуэжащ. Унэм щӀыхьэжа нэужь, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм еупщӀащ: – Гъуэгум фыщытетым, сыт фэ фызытепсэлъыхьар?