9 Галилей хэкум щыщ Назарет къалэм а махуэхэм къыдэкӀри, Хьисэ Иордан псым деж Иуан зыщригъэумэхъащ.
НазареткӀэ зэджэ къалэм дэтӀысхьащ. Апхуэдэу щӀэхъуар бегъымбархэм Хьисэ теухуауэ жаӀа мы псалъэхэр, пэж хъун щхьэкӀэщ: «Назарет щыщкӀэ еджэнущ абы».
Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэгуэкӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар илъэгъуащ Хьисэ.
Сэ псымкӀэ фызумэхъащ, ауэ абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ.
И анэмрэ и адэмрэ я гъусэу Хьисэ Назарет кӀуэжащ итӀанэ, яхуэӀурыщӀащ. Хьисэ и анэм игу ириубыдащ мы Ӏуэху псори.