Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 1:8 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

8 Сэ псымкӀэ фызумэхъащ, ауэ абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 1:8
19 Iomraidhean Croise  

– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ.


Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ. Зезгъэзыхыу, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.


Галилей хэкум щыщ Назарет къалэм а махуэхэм къыдэкӀри, Хьисэ Иордан псым деж Иуан зыщригъэумэхъащ.


– Сэ псымкӀэ фызоумэхъ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, – яжриӀащ Иуан псоми. – Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фэ фиумэхъынущ.


– Сэ цӀыхухэр соумэхъ, – яжриӀащ Иуан. – Ауэ фымыцӀыху гуэр къыфхэтщ.


Езыр сэ сцӀыхуртэкъым, ауэ цӀыхухэр сыумэхъыну сыкъэзыгъэкӀуам къызжиӀащ: «Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къызыхуехауэ, зыщхьэщыт цӀыхур арщ цӀыхухэр Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀэ зыумэхъынур».


– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Иуан цӀыхухэр псыкӀэ иумэхъыу щытащ, ауэ махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкӀыу, Тхьэм езым и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ.


Петр и гъусэу къэкӀуэгъауэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ цӀыхуу сунэт ящӀахэм Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр хамэ лъэпкъхэм щыщхэм къазэрыхуригъэхар ягъэщӀэгъуащ;


«Тхьэм мыпхуэдэу жеӀэ: Дунейм и иужьрей махуэхэм сэ си Псэ ЛъапӀэр цӀыху псоми къахуезгъэхынущ. Си псалъэхэр фи къуэхэмрэ фипхъухэмрэ я гум къислъхьэнурэ, жезгъэӀэнущ. Фи щӀалэхэми Ӏуэхухэр къахуэзгъэлъэгъуэнущ, фи нэхъыжьхэми пщӀыхьэпӀэхэр езгъэлъагъунущ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр а псоми я гум хуабжьу хыхьэри, хамэбзэхэмкӀэ псалъэу щӀадзащ, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм къызэригъэпсэлъам хуэдэу.


Дэ псори дыжуртми, дыалыджми, дыпщылӀми, дыщхьэхуитми, а зы Псэ ЛъапӀэр ди гум илъын щхьэкӀэ дыщаумэхъым, Мэссихь и пкъым щыщ дыхъуащ псори. Мэссихьи а зы Псэ ЛъапӀэм ди Ӏыхьэ хэлъ ищӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan