Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 1:7 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

7 Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ. Зезгъэзыхыу, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 1:7
11 Iomraidhean Croise  

– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ.


Ар имыдэу, Иуан Хьисэ мыпхуэдэу жриӀащ: – Уэ сэ езыр сыбумэхъын хуейщ. Зызбгъэумэхъын щхьэкӀэ укъысхуэкӀуауэ ара уэ?


Иуан махъшэцым къыхэщӀыкӀа щыгъын щыгът, и бгым фэ бгырыпхи щӀэлът, мацӀэрэ губгъуэ форэ ишхырт.


Сэ псымкӀэ фызумэхъащ, ауэ абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэмкӀэ фиумэхъынущ.


– Сэ псымкӀэ фызоумэхъ, ауэ сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ зиӀэ гуэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, – яжриӀащ Иуан псоми. – Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фэ фиумэхъынущ.


Аращ си ужькӀэ къэкӀуэнур. Ар сэр нэхърэ нэхъ лъапӀэщ. Абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи схуэфащэкъым сэ.


Иуан и лэжьыгъэр щиухкӀэ жиӀэрт: «Сэ хэту сыкъэфлъытэрэ? Фэ фызыпэплъэр сэракъым. Фэ фызыпэплъэр си ужькӀэ къэкӀуэнущ, абы и вакъэ лъэпсхэр хуэстӀэтэнуи сэ схуэфащэкъым».


Иуан зи гуэныхьхэм хущӀегъуэжахэр иумэхъыу щытащ, – жиӀащ Паул. – Езым и ужькӀэ къэкӀуэну Мэссихь ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэн зэрыхуейр цӀыхухэм яжриӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan