Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 1:5 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

5 Иудей хэку псом ис цӀыхухэри Ерусалим дэс цӀыху псори Иуан деж кӀуащ. Гуэныхьу ящӀамкӀэ заумысыжурэ, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 1:5
15 Iomraidhean Croise  

Абы и щӀасэщ щыпкъагъэр, захуагъэр, Зиусхьэным и лъагъуныгъэ мыкӀуэдыж щӀыгум тезщ.


Галилей хэкуми, КъалипщӀ зи цӀэ хэкуми, Ерусалими, Иудей хэкуми, Иордан псым и адрыщӀым щыщхэри Хьисэ и ужь гупышхуэу иуващ.


Тхьэм зэрыжиӀам тету, умэхъакӀуэ Иуан, губгъуэ нэщӀым къыщыхутауэ, цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.


Иуан махъшэцым къыхэщӀыкӀа щыгъын щыгът, и бгым фэ бгырыпхи щӀэлът, мацӀэрэ губгъуэ форэ ишхырт.


А псори къыщыхъуар Вифание жылэращ, Иорданыпсым и адрыщӀу Иуан цӀыхухэр щиумэхъыу щытарщ.


Салим жылэм пэгъунэгъуу Енон зи цӀэ щӀыпӀэм псы куэд щыӀэти, Иуан цӀыхухэр абы щиумэхъырт. Ахэр Иуан деж къакӀуэрти, зрагъэумэхъырт.


Иуан нэху идзу блэ уэздыгъэм хуэдэт. Абы и нэхум тэлайкӀэ фригуфӀэну фыхуеящ.


ФӀэщхъуныгъэ зиӀэ хъуахэм ящыщ куэд къакӀуэри, ялэжьа бзаджагъэмкӀэ, цӀыхухэм зэхахыу, заумысыжащ.


– Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Хьисэ Мэссихь и цӀэкӀэ псоми зыдвгъэумэхъ, Тхьэм фи гуэныхьхэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ, – яжриӀащ Петр. – Тхьэм и тыгъэу езым и Псэ ЛъапӀэр фи гум кърилъхьэнущ итӀанэ.


Аращи, Тхьэм фигъэхъужын щхьэкӀэ, фи гуэныхьхэмкӀэ зым адрейм и пащхьэм зыщывумысыжри, зыр адрейм папщӀэ Тхьэм фелъэӀу. Щыпкъагъэ зиӀэ цӀыхум и тхьэлъэӀум лъэкӀыныгъэ иӀэщ икӀи куэд лъокӀ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan