43 Хьисэ ар щиутӀыпщыжым быдэу жриӀащ:
Хьисэ апхуэдэу щыжиӀэм, абыхэм я нэхэр къэплъэжащ. – Фысакъ, мыр зыми жевмыӀэ, – унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм Хьисэ.
Уэшын узыр асыхьэтым щхьэщыкӀри, лӀыр узыншэ хъужащ.
– Сакъ, мыр зыми хуумыӀуэтэж, ауэ дин пашэм деж кӀуэи, зыкъегъэлъагъу. Мусэ бегъымбарым и унафэм тету къурмэн щӀы узэрыхъужам щхьэкӀэ. Ар узэрыхъужамкӀэ цӀыхухэм я пащхьэм щыхьэт щыхъунущ.
Езыр хэтми цӀыхухэм ирамыгъэщӀэн щхьэкӀэ, жин бзаджэхэм унафэ быдэ яхуищӀат Хьисэ.
Ялъэгъуар зыми хуамыӀуэтэжыну, Хьисэ унафэ быдэ яхуищӀащ абыхэм. ИтӀанэ яжриӀащ хъыджэбз цӀыкӀур ягъэшхэну.
Хьисэ цӀыхухэм унафэ яхуищӀащ ар зыми хуамыӀуэтэжыну. Унафэ яхуищӀа пэтми, нэхъри нэхъыбэжу а хъыбарыр цӀыхухэм яхэз хъуащ.
Хъыджэбзым и адэ-анэм хуабжьу ягъэщӀэгъуащ, ауэ Хьисэ унафэ яхуищӀащ къэхъуар зыми хуамыӀуэтэжыну.