Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 1:4 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

4 Тхьэм зэрыжиӀам тету, умэхъакӀуэ Иуан, губгъуэ нэщӀым къыщыхутауэ, цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм иригъэдаӀуэурэ, мыпхуэдэу жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъун щхьэкӀэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 1:4
11 Iomraidhean Croise  

– Фи гуэныхьхэм фызэрыхущӀегъуэжар нахуэ фшӀын щхьэкӀэ, сэ фызоумэхъ, ауэ си ужькӀэ къэкӀуэнум сэр нэхърэ нэхъ лъэкӀыныгъэшхуэ иӀэнущ. Абы и вакъэзехьэу сыхуэхъунуи схуэфащэкъым сэ. Абы Тхьэм и Псэ ЛъапӀэкӀи мафӀэкӀи фиумэхъынущ фэ.


Гуэныхьу ялэжьамкӀэ заумысыжри, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм.


Иудей хэку псом ис цӀыхухэри Ерусалим дэс цӀыху псори Иуан деж кӀуащ. Гуэныхьу ящӀамкӀэ заумысыжурэ, Иордан псым Иуан зыщрагъэумэхъащ абыхэм.


Уэ Зиусхьэным и лъэпкъым ебгъэщӀэнущ я гуэныхьхэр зэрахуигъэгъумкӀэ ахэр мыкӀуэду къызэрыригъэлыр.


Салим жылэм пэгъунэгъуу Енон зи цӀэ щӀыпӀэм псы куэд щыӀэти, Иуан цӀыхухэр абы щиумэхъырт. Ахэр Иуан деж къакӀуэрти, зрагъэумэхъырт.


Иуан зрагъэумэхъыну цӀыхухэм хъыбар яхуиӀуэта нэужь, Галилей хэкум къыщыщӀэдзауэ Иудей хэку псом къыщыхъуар фощӀэ.


Иджы сыт зыщӀэбгъэгувэр? Къэтэдж, зызгъэумэхъ, Зиусхьэным елъэӀуи, гуэныхьу пщӀахэр абы уи гум ирырегъэкъэбзыкӀыж».


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan