Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 1:39 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

39 Галилей хэку псори къызэхикӀухьурэ, я синэгуэгухэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэрт Хьисэ, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхихурт.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 1:39
10 Iomraidhean Croise  

Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.


Хьисэ къалэ псори, жылэ псори къызэхикӀухьырт. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм щаригъащӀэрт синэгуэгухэм, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым щӀигъэдаӀуэрт, уз зыпкърыт дэтхэнэ цӀыхури дэтхэнэ цӀыху гукъыдэмыжри игъэхъужырт.


Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум щӀыхьэри, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ.


Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр синэгуэгум напӀэзыпӀэм къыщыхутэри къэкӀиящ:


– Гъунэгъу жылэхэми къалэхэми дывгъакӀуэ, абыхэми цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щезгъэдэӀуэн щхьэкӀэ, – яжриӀащ Хьисэ, – аращ сэ сыкъыщӀэкӀуар.


Хьисэ синэгуэгум аргуэру щӀыхьащ. Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр абы щӀэтт.


Абыхэм я фӀэщмыхъуныгъэр игъэщӀэгъуащ Хьисэ. Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэурэ, Хьисэ жылэ гъунэгъухэр къызэхикӀухьырт.


ЦӀыхубзыр унэм кӀуэжри, жин бзаджэр хэкӀыжауэ, и пхъур пӀэм хэлъу ирихьэлӀэжащ.


Жин бзаджэхэри, «Уэращ Мэссихьу Тхьэм и Къуэр», жаӀэу къэгуоурэ, цӀыху куэдым къахэкӀыжырт. Ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти, егийри, псэлъэну хуит ищӀакъым Хьисэ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan