32 Пщыхьэщхьэм дыгъэр къухьа нэужь, сымаджэхэмрэ жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху псомрэ Хьисэ къыхуашащ.
Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Сирие хэку псом щызэлъащӀысащ. Узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр къызэфыкӀ сымаджэ псори цӀыхухэм къыхуашэрт абы; жин бзаджэм иӀыгъхэри, къэмэххэри, пкъыуэ хъуахэри игъэхъужырт.
Пщыхьэщхьэ щыхъум, жин бзаджэм иӀыгъ цӀыху куэд Хьисэ деж къашащ. Жин бзаджэхэр цӀыхухэм зы псалъэкӀэ яхихуащ, Хьисэ сымаджэ псори игъэхъужащ.
Апхуэдэу щӀэхъуар Ешайа бегъымбарым жиӀа мы псалъэхэр пэж хъун щхьэкӀэщ: «Дэ ди сымэджагъэхэр тщхьэщихри, ди узхэр езым зытрилъхьащ».
Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум щӀыхьэри, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ.
Хьисэ абы деж кӀуэщ, и Ӏэр иубыдри къигъэтӀысащ. Плъыржьэрыр щхьэщыкӀщ, къызэфӀэувэжри, абы хьэщӀагъэ къарихащ.
Хьисэ а лӀыр щэбэт махуэм игъэхъужынумэ, фарисейхэр кӀэлъыплъырт, зэрагъэкъуэншэн щхьэусыгъуэ къагъуэтын щхьэкӀэ.
Дыгъэр щыкъухьэм, узыфэ зэмылӀэужьыгъуэхэр зиӀэ сымаджэ псори Хьисэ къыхуашэу щӀадзащ псоми. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри, и Ӏэр трилъхьэурэ, игъэхъужырт.
Жин бзаджэхэри, «Уэращ Мэссихьу Тхьэм и Къуэр», жаӀэу къэгуоурэ, цӀыху куэдым къахэкӀыжырт. Ар зэры-Мэссихьыр ящӀэрти, егийри, псэлъэну хуит ищӀакъым Хьисэ.