29 Синэгуэгум къызэрыщӀэкӀыжу, Екъубрэ Иуанрэ я гъусэу, ахэр Симонрэ Индрисрэ я унэм кӀуащ.
Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум щӀыхьэри, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ.
Жин бзаджэм иӀыгъ лӀы гуэр синэгуэгум напӀэзыпӀэм къыщыхутэри къэкӀиящ:
Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Галилей хэку псом дэнэкӀи псынщӀэу щызэлъащӀысащ.
Симон и щыкъу анэр плъыржьэру пӀэм хэлът. Ар зэрысымаджэр Хьисэ асыхьэтым къыжраӀащ.
– Бажэхэм зэрысын гъуэ яӀэщ, къуалэбзухэми абгъуэ яӀэщ, ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм и щхьэр зрихьэлӀэн хэщӀапӀэ иӀэкъым, – жиӀащ Хьисэ.