Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 1:27 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

27 ЦӀыхухэм ар щалъагъум, псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэжраӀэжащ: – Мыр сыт? ЦӀыхухэм ӀуэхущӀэхэр ярегъащӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀэу, жин бзаджэхэми унафэ яхуещӀри, зрегъэдаӀуэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 1:27
15 Iomraidhean Croise  

Бзагуэхэр псалъэу, Ӏэшэхэр Ӏэбэфу, лъашэхэр тэмэму зекӀуэу, нэфхэр къэплъэжу щалъагъум, цӀыху гупышхуэм ягъэщӀэгъуащ икӀи Израил и Тхьэм щӀыхь хуащӀащ.


Сэри цӀыху гуэрым и унафэм сыщӀэтщ, си унафэми зауэлӀхэр щӀэтщ. Зыгуэрым «КӀуэ» жесӀэмэ, кӀуэнущ. Адрейм «КъакӀуэ» жесӀэмэ, къэкӀуэнущ. «Мыр щӀэ» си унэӀутми жесӀэмэ, ищӀэнущ.


Хьисэ жин бзаджэр а лӀым хихужри, бзагуэр къэпсэлъащ. Ар зылъэгъуа цӀыху псоми ягъэщӀагъуэурэ жаӀэрт: – Израил къэралым мыпхуэдэ Ӏуэху зэи щытлъэгъуакъым!


Жин бзаджэм лӀыр игъэкӀэзызщ, макъышхуэкӀэ къыхэкӀийри, лӀым хэкӀыжащ.


Арати, Хьисэ теухуа хъыбарыр Галилей хэку псом дэнэкӀи псынщӀэу щызэлъащӀысащ.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм а псалъэхэр щызэхахым, хуабжьу ягъэщӀэгъуащ. Ауэ Хьисэ аргуэру яжриӀащ: – Си ныбжьэгъухэ, мылъкум щыгугъхэм я дежкӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм щӀыхьэныр куэду гугъущ!


ЕрусалимкӀэ дэкӀуейуэ, гъуэгу щытетым, и гъуэгу ирикӀуэхэм я пэ иту кӀуэрт Хьисэ. ЯгъэщӀагъуэу, ягури къигузэвэкӀыу ахэр абы и ужь итт. Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр лъэныкъуэкӀэ аргуэру Ӏуишри, езым къыщыщӀынур яжриӀэу щӀидзащ.


Кхъэлэгъунэм щыщӀыхьэм, щыгъын хужь кӀыхькӀэ хуэпауэ, ижьырабгъу лъэныкъуэмкӀэ къыщысу, зы щӀалэ ялъагъури, къэскӀащ.


– Фымыгузавэ, – къажриӀащ щӀалэм абыхэм. – Назарет щыщ Хьисэу жорым ираӀулӀам фызэрылъыхъуэр сощӀэ. Ар мыбдежым щыӀэжкъым. Ар лӀахэм къахэтэджыкӀыжащ! Мыращ зыщӀалъхьэжауэ щыта щӀыпӀэр.


Къэхъуар хуабжьу ягъэщӀэгъуауэ, цӀыхухэм жаӀэрт: – Псори къохъулӀэ. Дэгухэм зэхахыу егъэхъуж, бзагуэхэри къегъэпсэлъэж.


ЦӀыху псоми ар хуабжьу ягъэщӀагъуэурэ, зыр адрейм еупщӀырт: – Ар сыт! ГъэщӀэгъуэн! Тепщэныгъэшхуэрэ лъэкӀыныгъэшхуэрэ иӀэу, жин бзаджэхэм унафэ яхуищӀурэ, цӀыхухэм яхеху.


Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр зэхуишэсри, цӀыхухэм жин бзаджэхэр хахужыну, я узыфэхэри ягъэхъужыну къарурэ тепщэныгъэрэ яритащ.


А философхэм ареопаг Ӏуащхьэм деж щызэӀущӀэ хасэм Паул здашэри къыжраӀащ итӀанэ: – Уэ цӀыхухэм ебгъащӀэ ӀуэхущӀэхэр къыдгурыбгъэӀуэн?


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan