Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 1:26 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

26 Жин бзаджэм лӀыр игъэкӀэзызщ, макъышхуэкӀэ къыхэкӀийри, лӀым хэкӀыжащ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 1:26
7 Iomraidhean Croise  

– Щыгъэт, мы лӀым къыхэкӀыж, – жиӀащ Хьисэ, жин бзаджэм егийри.


ЦӀыхухэм ар щалъагъум, псоми икъукӀэ ягъэщӀагъуэри, зэжраӀэжащ: – Мыр сыт? ЦӀыхухэм ӀуэхущӀэхэр ярегъащӀэ. Тепщэныгъэшхуэ иӀэу, жин бзаджэхэми унафэ яхуещӀри, зрегъэдаӀуэ.


ЩӀалэр Хьисэ къыхуашащ. Жин бзаджэм, Хьисэ зэрилъагъуу, щӀалэр къигъэкӀэзызащ. Тхъурымбэр къыжьэдэхуу щӀым къытеджалэри, укӀуриящ щӀалэр.


Жин бзаджэр ину къэкӀийщ, щӀалэр хуабжьу игъэкӀэзызри, абы хэкӀыжащ. ЩӀалэр хьэдэм хуэдэ хъуати, цӀыхухэм ящыщ куэдым «Ар лӀащ», жаӀэрт.


Ауэ абы нэхърэ нэхъ цӀыху лъэщыж къытебанэрэ къытекӀуэмэ, ар зыщыгугъ Ӏэщэхэр трихынурэ, ахэр псори хигуэшыжынущ.


ЩӀалэр жин бзаджэм зэщӀеубыдэри, асыхьэтым къыхегъэкӀиикӀ. ЩӀалэм и жьэм тхъурымбэр къыжьэдэхуу, ар жин бзаджэм къегъэкӀэзыз, гугъу дыдэ иримыгъэхьауэ хэкӀыжыркъым.


ЩӀалэр къыщыхуашэм, жин бзаджэм щӀым зыхригъадзэри, ар къигъэкӀэзызащ. Апхуэдэу щыхъум, Хьисэ жин бзаджэм егийщ, щӀалэр игъэхъужри, и адэм иритыжащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan