21 Хьисэ Капернаум къалэм дыхьащ итӀанэ. Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум щӀыхьэри, цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ Хьисэ.
Назарет къалэм дэкӀыжщ, Завулон, Неффалим хэкухэм ящыщу псы Ӏуфэм Ӏут Капернаум къалэм кӀуэри дэтӀысхьащ ар.
Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.
Хьисэ ахэри къриджащ асыхьэтым. Я адэ Зеведеймрэ абы и лэжьакӀуэхэмрэ кхъуафэжьейм къранэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.
Синэгуэгум къызэрыщӀэкӀыжу, Екъубрэ Иуанрэ я гъусэу, ахэр Симонрэ Индрисрэ я унэм кӀуащ.
Къалэм дэс псори бжэӀупэм къыщызэхуэсащ.
Галилей хэку псори къызэхикӀухьурэ, я синэгуэгухэм цӀыхухэр Тхьэм и псалъэхэм щригъэдаӀуэрт Хьисэ, жин бзаджэхэри цӀыхухэм яхихурт.
А лъэныкъуэм икӀыжри, Иордан псым и адрыщӀым щыӀэ Иудей хэкум кӀуащ Хьисэ. ЦӀыху гупышхуэхэр абы и деж къыщызэхуэсащ аргуэру икӀи, зэрихабзэу, Хьисэ абыхэм Тхьэм и псалъэхэр яригъащӀэу щӀидзащ.
Махуэ заул дэкӀауэ, Хьисэ Капернаум къалэм къыщигъэзэжым, ар унэм къызэрыкӀуэжар цӀыхухэм зэхахащ.
Хьисэ синэгуэгум аргуэру щӀыхьащ. Зи Ӏэ лъэныкъуэр гъуа лӀы гуэр абы щӀэтт.
Щэбэт махуэр къыщысым, синэгуэгум кӀуэри, Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм яригъащӀэу щӀидзащ. Абы едэӀуа цӀыху куэдым ягъэщӀагъуэу жаӀащ: – Мы лӀым жиӀэхэр дэнэ къыздрихар? Сыту акъылыфӀагъэ кърита абы Тхьэм! Сыту Ӏуэху телъыджэ абы и Ӏэм илэжьрэ!
Уэ, Капернаум къалэ, уафэм удэкӀуеину? Хьэуэ, жыхьэнмэм и кууупӀэм нэсыху укӀуэцӀрыхунущ.
Хьисэ синэгуэгу гуэрым цӀыхухэм Тхьэм и псалъэхэр щаригъащӀэрт щэбэт махуэм.
Хьисэ щапӀа Назарет къалэм кӀуащ. И хабзэм тету, щэбэт махуэм синэгуэгум щӀыхьащ. Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэну, абы щӀэсхэм я пащхьэм иуващ.
– Щэч хэмылъу мы псэлъэжьыр къызжефэнщ: «Дохутыр, уэ зыгъэхъуж». ИтӀанэ къызжефэнщ: «Капернаум къалэм щыблэжьауэ зэхэтхам хуэдэ Ӏуэхухэр мы ущапӀа къалэм щылэжь», – яжриӀащ абыхэм Хьисэ.
Паул, зэрихабзэу, абыхэм я синэгуэгум щӀыхьэри, Тхьэм и псалъэу тхахэм щыщ къахуеджэурэ, щэбэт махуищкӀэ абыхэм щедэуащ.
Паул и псалъэхэр журтхэмрэ алыджхэмрэ фӀэщ зэращищӀыным хэту, абыхэм синэгуэгум щедауэрт щэбэт махуэ къэс.