2 Тхьэм мыпхуэдэу къызэрыжиӀэр бегъымбархэм я тхылъхэм итщ: «Мис, сэ си мелыӀыч уяпэ къихуэу нызогъакӀуэ; абы уи гъуэгур пхуигъэпсынущ.
Силъагъун фӀэигъуэу зыгуэр къысхуэкӀуэмэ, пщӀэ зимыӀэ псалъэ жеӀэ: игу хъыбар Ӏейхэр еӀуатэ, щӀэкӀыжмэ, ар цӀыхум яхуеӀуэтэж.
Ар Тхьэм и псалъэ тхахэм зи хъыбар мыпхуэдэу хэт лӀыкӀуэрщ: «Мис, си лӀыкӀуэр уяпэ къихуэу нэзгъэкӀуэнурэ, абы уэ уи гъуэгур пхуигъэпсынущ».
– Иудей хэкум щыщ Бэтлэхьэмщ, – къыжраӀащ абыхэм, – бегъымбарым мыпхуэдэу итхащи:
– Пэжщ, ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр дунейм ехыжынущ, абы теухуауэ Тхьэм и псалъэу тхахэм зэрыхэтым хуэдэу. Ауэ ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэр тепщэныгъэ зиӀэхэм езыгъэубыдыр гъуэгу мыгъуэ теуващ. А цӀыхур къамылъхуауэ щытамэ, езым дежкӀэ нэхъыфӀт.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэхэм яжриӀащ абы щыгъуэ: – Фэ псоми си закъуэу утыкум сыкъивнэнущ ныжэбэ, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм абы теухуауэ жиӀар и псалъэу тхахэм хэтщ: «Сэ мэлыхъуэр сукӀынущ, мэл хъушэри зэбгрыкӀыжынущ».
пасэрей зэманым къыщыщӀэдзауэ абы и бегъымбар лъапӀэхэм ягу кърилъхьэу, зэрыжригъэӀауэ щытам тету.
ИтӀанэ Зэчрей къыпищащ: «Уэ, си щӀалэ, Тхьэуэ Лъагэм и бегъымбаркӀэ къоджэнущ, Зиусхьэным и гъуэгу хуэбгъэпсыну езым и пэ къихуэу укӀуэнущи.
Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ цӀыху пщыкӀутӀыр лъэныкъуэкӀэ Ӏуишри, яжриӀащ: – Мис, ЕрусалимкӀэ дыдокӀуей. ЦӀыху Лъэпкъым и Къуэм теухуауэ бегъымбархэм ятха псори абы къыщыщӀынурэ, пэж хъунущ.