19 Хьисэ адэкӀэ кӀуэурэ, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзыру ирихьэлӀащ.
АдэкӀэ кӀуэурэ, нэгъуэщӀ зэшитӀи, Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ, ирихьэлӀащ Хьисэ. Абыхэм, я адэ Зеведей я гъусэу, кхъуафэжьейм ису, яхъхэр ягъэхьэзырырт. Хьисэ ахэри къриджащ.
Яхъхэр асыхьэтым къагъанэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.
Хьисэ ахэри къриджащ асыхьэтым. Я адэ Зеведеймрэ абы и лэжьакӀуэхэмрэ кхъуафэжьейм къранэри, Хьисэ и ужь иуващ ахэр.
Зеведей и къуэхэу Екъубрэ Иуанрэ къыбгъэдыхьэри, Хьисэ къыжраӀащ: – Дин егъэджакӀуэ, дэ дызэрынолъэӀунур къытхуэпщӀэну дыхуейщ.
Петр, Екъуб, Иуан сымэ здишэу кӀуа нэужь, Хьисэ нэщхъей хъури, гузавэу щӀидзащ.
Зеведей и къуитӀу Екъубрэ Иуанрэ (абыхэм Хьисэ етӀуанэ цӀэуэ Воанергес яфӀищащ; абы къикӀыр «Щыблэм и къуэхэр» жиӀэу арщ).
Петр, Екъуб, абы и къуэш Иуан сымэ фӀэкӀа зыри зыщӀимыгъуу, Хьисэ гъуэгу техьащ.
Махуих дэкӀа нэужь, Хьисэ Петр, Екъуб, Иуан сымэ зыщӀигъури, бгы лъагэм щхьэхуэу дишащ. Абыхэм я пащхьэм Хьисэ и теплъэм зыщихъуэжащ абдежым.
Симон Петр, ТӀолъхуэныкъуэкӀэ зэджэ Фомэ, Галилей хэкум ит Канэ жылэм щыщ Нафанаил, Зеведей и къуитӀыр, Хьисэ и гъуэгу ирикӀуэ нэгъуэщӀ лӀитӀ зэгъусэт.
Къалэм дыхьэжри, ахэр зыщӀэс унэ лъагэм щӀыхьэжащ: Петр, Екъуб, Иуан, Индрис; итӀанэ Филипп, Фомэ, Варфоломей, Маттэ, Алфей и къуэ Екъуб, Симону зи къэралым гурэ псэкӀэ хуэлажьэу щытар, Екъуб и къуэ Иудэ сымэ.
Иуан и къуэш Екъубыр джатэкӀэ иригъэукӀащ.