15 – Махуэр къэсащ, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ; фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, хъыбарыфӀыр фи фӀэщ фщӀы, – жиӀэрт абы.
ФыкӀуи, «Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащ», жыфӀи хъыбар евгъащӀэ.
умэхъакӀуэ Иуан жиӀэрт: – Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.
А зэманым къыщыщӀэдзауэ Хьисэ Тхьэм и псалъэхэм цӀыхухэр иригъэдаӀуэ хъуащ: – Фи гуэныхьхэм фыхущӀегъуэж, Тхьэуэ уафэм щыӀэм и Тепщэныгъэшхуэр къэблэгъащи.
«Фэ фи къалэм и сабэу ди лъакъуэхэм къакӀэрыпщӀар фхукӀэрыдогъэщэщыж; апхуэдэу щыт пэтми, зэвгъащӀэ Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр къызэрыблэгъар».
Сымаджэхэр абдежым щывгъэхъуж, мыпхуэдэуи яжефӀэ: «Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэр гъунэгъу къыфхуэхъуащ».
Ерусалим къыщыщӀэдзауэ дунейм тет лъэпкъ псори хиубыдэу, сэ, Мэссихьым, си цӀэкӀэ цӀыхухэр мы хъыбарым щрагъэдэӀуэнущ: Фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, Тхьэм ахэр къыфхуигъэгъунущ.
Гуэныхьу ящӀахэм хущӀегъуэжу Тхьэм зыхуагъэзэжынуи Зиусхьэн ХьисэкӀэ фӀэщхъуныгъэ зрагъэӀэнуи журтхэмрэ алыджхэмрэ быдэу яхуэзгъэуващ.
Ауэ пӀалъэр нэса нэужь, Тхьэм езым и Къуэр къигъэкӀуащ. Ар цӀыхубзым къыщӀэхъуащ, Торэт хабзэм и тепщэныгъэм щӀэтащ.
Тхьэм и мураду игъуэ къыщыскӀэ игъэзэщӀэнур уафэми щӀылъэми щыӀэ псори зы ищӀурэ Мэссихь и тепщэныгъэм щӀигъэувэну аращ.
Абы и псэр цӀыху псоми щхьэщэхужу яхуитащ. Хьисэ апхуэдэ щӀыкӀэкӀэ и чэзууэ Тхьэм и мурадыр игъэпэжащ.
Сэ цӀыхухэм ялъэзгъэӀэс хъыбарыфӀымкӀэ Тхьэм и хъыбарыр игъуэ дыдэм нахуэ ищӀащ. ДымыкӀуэду дыкъезыгъэл Тхьэм а хъыбарыфӀыр си пщэм къыдилъхьэри, цӀыхухэм ар яхуэсӀуэтэну унафэ къысхуищӀащ.