Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Марк 1:13 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

13 Хьисэ гуэныхь иригъэлэжьыну шейтаныр и ужь къитурэ, Хьисэ махуэ плӀыщӀкӀэ губгъуэ нэщӀым къыщикъухьащ. ХьэкӀэкхъуэкӀэхэм яхэтт, мелыӀычхэми Ӏуэхутхьэбзэ къыхуащӀэ хъуащ Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Марк 1:13
13 Iomraidhean Croise  

Хьэмэрэ си Адэм семылъэӀуфын уи гугъэ? СелъэӀумэ, мелыӀыч дзэ пщыкӀутӀым нэхърэ нэхъыбэ къысхуигъэкӀуэнущ асыхьэту.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ губгъуэ нэщӀым ишащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм Хьисэ абы щӀишар гуэныхь иригъэлэжьын папщӀэ шейтӀаныр абы и ужь итын щхьэкӀэщ.


Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр и гум куууэ хыхьауэ, Хьисэ Иорданыпсым къыӀукӀыжащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар губгъуэ нэщӀым ишащ.


Зэрышэчыншэщи, ди фӀэщхъуныгъэм хэлъ щэхур инщ: Тхьэр цӀыхуу къэлъэгъуащ. Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм абы и щыпкъагъэр къигъэнэхуащ, мелыӀычхэм заригъэлъэгъуащ. И ӀурыщӀэхэм абы и хъыбарыр хамэ лъэпкъхэм ирагъэщӀащ. Дунейм тет цӀыхухэм абыкӀэ фӀэщхъуныгъэ яӀэ хъуащ. ЩӀыхьышхуэ иӀэу, Тхьэм ар уафэм дрихьеижащ.


Дин пашэшхуэу диӀэр лъэкӀыныгъэ зэрыдимыӀэр къызыгурыӀуэн зылъэмыкӀ дин пашэшхуэкъым. ШейтӀаным гуэныхь дигъэщӀэну зэрыхэтым хуэдэу, ди дин пашэшхуэми сыт и лъэныкъэукӀи гуэныхь иригъэщӀэну хэтащ ар, ауэ гуэныхь иригъэщӀэн хущӀэфӀэкӀакъым.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan