11 Уафэм зы макъ къиӀукӀащ: – ФӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр уэращ.
Зиусхьэным иухэсар жысӀэнщ: Абы сэ къызжиӀащ: «Уэращ си Къуэр, Адэ сыпхуэхъуащ нобэ.
«Мыращ къысхуэлэжьэну къыхэсхар. Ар фӀыуэ солъагъу, си гум ирихьыр арщ. Сэ си псэр абы и гум ислъхьэнурэ, хамэ лъэпкъхэр щыпкъагъэм иригъэдэӀуэнущ абы.
Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр. Абы жиӀэм федаӀуэ.
Уафэм макъ къиӀукӀащ итӀанэ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр.
Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэгуэкӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар илъэгъуащ Хьисэ.
Зы пшэ Ӏэрамэ къакӀуэри, абыхэм къащхьэщыхьащ абы и ужькӀэ. А пшэм зы макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ.
тхьэрыкъуэм и пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Хьисэ къыхуехащ. Уафэм зы макъ къиӀукӀащ: – Уэращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Сигу урихьащ уэ.
А пшэм зы макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Абы жиӀэм федаӀуэ.
Апхуэдэу зэрыхъуар сэ слъэгъуащ, ар Тхьэм зэри-Къуэми щыхьэт сытохъуэ сэ.
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.
Адэ лъапӀэу сэ сыкъэзыгъэкӀуар езым и щхьэкӀэ щыхьэт къыстехъуащ. Абы и макъыр фэ зэи зэхэфхакъым, езыми фытеплъакъым.
ГъащӀэ щыпкъэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэ Мэссихьу узэрыщытыр дощӀэ, ди фӀэщ хъуащ.
Хьисэ лӀахэм къазэрыхэтэджыкӀыжамкӀэ Тхьэм и Псэ ЛъапӀэм ар Тхьэм зэри-Къуэр лъэщыгъэкӀэ къигъэнэхуащ. Аращ Хьисэ Мэссихьу дэ ди Зиусхьэныр.
КӀыфӀыгъэм и тепщэныгъэм дыкъыщӀихыжри, фӀыуэ илъагъу и Къуэм и тепщэныгъэм дыщӀигъэуващ.