10 Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэгуэкӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар илъэгъуащ Хьисэ.
Иуан зригъэумэхъри, Хьисэ псым къыхэкӀыжащ. Псым къыщыхэкӀыжым, уафэр зэӀукӀри, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр, тхьэрыкъуэ теплъэ иӀэу, къызэрыхуехар Хьисэ илъэгъуащ.
Уафэм зы макъ къиӀукӀащ: – ФӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр уэращ.
Галилей хэкум щыщ Назарет къалэм а махуэхэм къыдэкӀри, Хьисэ Иордан псым деж Иуан зыщригъэумэхъащ.
тхьэрыкъуэм и пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр Хьисэ къыхуехащ. Уафэм зы макъ къиӀукӀащ: – Уэращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэр. Сигу урихьащ уэ.