1 Тхьэм и Къуэ Хьисэ Мэссихь теухуа хъыбарыфӀым мыпхуэдэу къыщӀедзэ.
Зиусхьэным иухэсар жысӀэнщ: Абы сэ къызжиӀащ: «Уэращ си Къуэр, Адэ сыпхуэхъуащ нобэ.
ЩыувыӀэжым, кхъуафэжьейм исхэр лъэгуажьэмыщхьэу Хьисэ и пащхьэм итӀысхьэри, жаӀащ: – ИпэжыпӀэкӀэ, уэ Тхьэм ури-Къуэщ.
Петр здэпсалъэм, пшэ Ӏэрамэ нэху напӀэзыпӀэм абыхэм къащхьэщыхьащ. А пшэм макъ къыхэӀукӀащ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр. Абы жиӀэм федаӀуэ.
Уафэм макъ къиӀукӀащ итӀанэ: – Мыращ сэ фӀыуэ слъагъу си Къуэ щӀасэу си гум ирихьыр.
ЦӀыхухэм гуэныхь езыгъэлэжь шейтӀаныр къыбгъэдыхьэри Хьисэ къыжриӀащ: – Уэ Тхьэм ури-Къуэмэ, щӀакхъуэ хъуну мы мывэхэм унафэ хуэщӀ.
– Тхьэм и Псэ ЛъапӀэр къыпхуехынущ, Тхьэуэ Лъагэм и лъэкӀыныгъэри уи гъусэнущ, – къыжриӀащ мелыӀычым абы. – Аращи, щӀалэ лъапӀэу къалъхунум Тхьэм и КъуэкӀэ еджэнущ.
А Псалъэр цӀыху хъуащ, икӀи къытхэтащ. Абы и щӀыхьышхуэри тлъэгъуащ. Ар Адэ лъапӀэм и Къуэ закъуэм и щӀыхьышхуэр арщ. НэфӀ щыхуэныгъэрэ щыпкъагъэрэ абы игу илъу щытащ.
Апхуэдэу зэрыхъуар сэ слъэгъуащ, ар Тхьэм зэри-Къуэми щыхьэт сытохъуэ сэ.
– Равви, уэ Тхьэм ури-Къуэщ, Израилым урипащтыхьщ, – къыжриӀащ Нафанаил.
Мы Ӏуэхухэр щӀэттхар Хьисэ Мэссихь Тхьэм и Къуэу зэрыщытымкӀэ фӀэщхъуныгъэ фиӀэ хъун папщӀэщ, Хьисэ и цӀэкӀэ мыкӀуэдыжын гъащӀэ фиӀэ хъун щхьэкӀэщ а фӀэщхъуныгъэмкӀэ.
– Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ Тхьэм дунейм и цӀыхухэр апхуэдизкӀэ фӀыуэ илъэгъуати, езым и Къуэ закъуэр итащ, Тхьэм и КъуэмкӀэ фӀэщхъуныгъэ зиӀэ дэтхэнэри мыкӀуэду къелын икӀи мыкӀуэдыжын гъащӀэ иӀэ хъун щхьэкӀэ.
ГъащӀэ щыпкъэр къызыбгъэдэкӀ Тхьэм и Къуэ Мэссихьу узэрыщытыр дощӀэ, ди фӀэщ хъуащ.
Хьисэ къэмыкӀуэ щӀыкӀэ, Иуан «Фэ фи гуэныхьхэм фахущӀегъуэжи, зызвгъэумэхъ», жиӀэурэ израил цӀыху псоми хъыбар яхуиӀуатэрт.
Дэ ди гуэныхьыщӀэ щэныжьым и бзаджагъэм щхьэкӀэ Торэт хабзэм хузэфӀэмыкӀар Тхьэм ищӀащ. Езым и Къуэм гуэныхьыщӀэ цӀыхухэм я пкъым хуэдэ пкъы иӀэу, гуэныхьхэм щхьэкӀэ къурмэныпхъэ хъуну Тхьэм къигъэкӀуащ, апхуэдэуи а пкъымкӀэ гуэныхьыр игъэкъуэншащ.
Тхьэуэ зи Къуэм щымысхьу дэр щхьэкӀэ къурмэныпхъэ зыщӀам фӀыгъуэ псори къыдитынукъэ и Къуэм дригъусэмэ?