Biblia Todo Logo
Bìoball air-loidhne

- Sanasan -




Лукас 9:60 - ХъыбарыфӀыр. ЩӀэдзапӀэр. Уэрэд ЛъапӀэхэр

60 – ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, – жриӀащ абы Хьисэ, – ауэ уэ кӀуэи, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым цӀыхухэр егъэдаӀуэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac

ФӀыцӀагъэ ЛъапӀэ

60 – ЛӀахэм я лӀахэр езым щӀрыралъхьэж, ауэ уэ кӀуэи, Тхьэм и Тепщэныгъэм и хъыбарыр цӀыхухэм яжеӀэ, – жриӀащ абы Хьисэ.

Faic an caibideil Dèan lethbhreac




Лукас 9:60
14 Iomraidhean Croise  

Галилей хэкур зэрыщыту къызэхикӀухьурэ, Хьисэ Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм синэгуэгухэм щаригъащӀэрт, Тхьэм и Тепщэныгъэшхуэм теухуа хъыбарыфӀым ахэр щригъэдаӀуэрт, дэтхэнэ сымаджагъэрэ узрэ зиӀэри игъэхъужырт.


– ЛӀахэм езыхэм я лӀахэм я хьэдэхэр щӀрыралъхьэж, ауэ уэ си ужь къиувэ, – жриӀащ Хьисэ.


Мы си къуэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ». Ар жиӀэри, гухэхъуэ Ӏэнэр трагъэуващ.


Ауэ иджыпсту дэ дыгуфӀэн икӀи дытхъэн хуейкъэ? Уи къуэш нэхъыщӀэр лӀауэ щытащ, ауэ къэхъужащ, кӀуэдауэ щытащ, ауэ къэдгъуэтыжащ».


Ауэ хъыбарыфӀыр цӀыхухэм зэрахуэсӀуатэм щхьэкӀэ сызыщытхъужын слъэкӀынукъым, Тхьэм и хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзмыӀуатэу хъунукъыми. ХъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзмыӀуатэмэ, гъуэгу мыгъуэ сытеуващ.


Фи бзаджагъэмрэ фи гуэныхьхэмрэ къахэкӀкӀэ, лӀахэм хуэдэу фыщытащ.


Ауэ зызэригъэтхъэжыным фӀэкӀа зыми емыгупсыс фызабэр, псэуми, лӀам хуэдэщ.


Тхьэм и псалъэхэр цӀыхухэм егъащӀэ, игъуэу щыщытми щыщымытми ахэр ебгъэщӀэным хэт. ЯгурыгъаӀуэ, егъэдэӀуэ, ущий, шыӀэныгъэ псомкӀи щыпкъагъэр егъащӀэ.


Уэ, дауэ хъуми, зышыӀэ. Гугъуехь шэчи, хъыбарыфӀыр цӀыхухэм яхуэзыӀуатэм и Ӏуэхур лэжь, Тхьэм уи пщэм къыдилъхьа Ӏуэхур нэсу гъэзащӀэ.


Сардис къалэм щыӀэ члисэ зэхуэсым и мелыӀычым мы хъыбарыр хуэтх: Тхьэм и псиблымрэ и вагъуиблымрэ зыӀыгъым мы псалъэхэр жеӀэ: Фэ влэжь Ӏуэхухэр сощӀэ. Фыпсэууэ жаӀэ цӀыхухэм, ауэ фылӀащ.


Lean sinn:

Sanasan


Sanasan